4 Илъэгъуащ Тхьэм нэхугъэр зэрыфӀыр; къыхигъэкӀащ Тхьэм нэхугъэр кӀыфӀыгъэм.
махуэри жэщри зэрагъэкӀуэн папщӀэщ, нэхугъэр кӀыфӀыгъэм къыхигъэкӀын папщӀэщ. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.
КъыхэкӀащ щӀылъэм щхъуантӀагъэр, езым хуэдэ жылэ зиӀэ удзыр, езым хуэдэ жылэ зиӀэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкӀэ жыгыр. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.
Илъэгъуащ Тхьэм Езым къигъэщӀа псори, икӀи ар икъукӀэ фӀыщ. Жэщ хъуащ, нэху щащ: ар еханэ махуэт.
ФӀищащ Тхьэм абы «щӀылъэ», псым и зэхуэсыпӀэхэм яфӀищащ «хы». Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.
Арати, къигъэщӀащ Тхьэм хьэкӀэкхъуэкӀэхэри езыхэм я лъэпкъыу, Ӏэщ лъэпкъхэри, щӀылъэм къыщызыпщыхь хьэпщхупщхэри езыхэм я лъэпкъыу. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.
Яхуосакъ хэхэсхэм Зиусхьэныр, фызабэм, зеиншэм доӀэпыкъу; ауэ цӀыху бзаджэхэм я гъуэгу кӀуэдыпӀэм хуегъазэ.
Уэ, Цион къалэ, Зиусхьэным, уи Тхьэм, иӀыгъынщ тепщэныгъэр игъащӀэкӀэ – щӀэблэм щӀэблэр кӀэлъыкӀуэу. ЩӀыхьыр ейщ Зиусхьэным!