3 Фэри, нэгъуэщӀ цӀыхухэми сыкъызэрыфщыхъум сэркӀэ мыхьэнэ иӀэкъым. Сэри хьэкум зытесщӀыхьыжыркъым.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхум Ӏуэху псори зэхещӀыкӀ, ауэ а цӀыхур зыми зэхищӀыкӀын лъэкӀынукъым.
Щхьэтелъэфу хьэкум фымыщӀ, щыпкъагъэм тету фщӀы хьэкум.
хэти и Ӏуэхур зыхуэдэр нахуэ хъунущ, Зиусхьэныр къыщылъэгъуэжыну махуэм ар къигъэнэхуэнущи. А махуэр мафӀэм и щӀыгъуу къэкӀуэнущ, мафӀэм хэт и лэжьыгъэри зыхуэдэр къигъэнэхуэнущ.
Ӏуэху гуэр зи пщэм дэплъхьэр узыщыгугъ хъуну цӀыхуу щытын хуейщ.
МыхъумыщӀэ лъэпкъ сигукӀэ зыдэсщӀэжыркъым сэ, ауэ абы къикӀыркъым сэ лажьэ гуэри симыӀэу; си Ӏуэхум хьэкум тезыщӀыхьыр Зиусхьэныращ.