Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «щӀэныгъэ диӀэщ», зыхужаӀэжурэ цӀыху гуэрхэр фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀащ. Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Ӏэмин.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:21
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А тӀур щыпкъагъэм и гъуэгум текӀауэ, дэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, лӀахэм дакъыхэтэджыкӀыжауэ зэрыжаӀэмкӀэ цӀыху гуэрхэм я фӀэщхъуныгъэр ягъэкӀуэд.


фӀэщхъуныгъэ уиӀэу, уигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдумыщӀэжу, гурэ псэкӀэ уи Ӏуэхур лэжь. ЦӀыху гуэрхэм я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжыныр зэрамыдам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу текӀыжащ.


Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Си гъусэ псоми фӀэхъус къуахыж. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэу фӀыуэ дызылъагъухэм фӀэхъус схуехыж. Тхьэм и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Зиусхьэныр уи псэм гъусэ хурехъу. Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэ псори къызыбгъэдэкӀыр ахъшэм щӀэбэгынырщ. ЦӀыху гуэрхэр, ахъшэм щӀэхъуэпсурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀри, гухэщӀ Ӏэджэ я щхьэм къыхуахьыжащ.


ЦӀыху гуэрхэр абыхэм текӀри, пщӀэ зимыӀэ зэныкъуэкъуныгъэхэм хыхьащ.


Гайуэ, сэ, Паул, си бысымми, члисэ зэхуэсым зэкӀэ ди бысымми фӀэхъус къывехыж. Къалэм и ахъшэр зи ӀэмыщӀэ илъ Ерастрэ ди къуэш Квартрэ фӀэхъус къывахыж.


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм куэд дэмыкӀыу шейтӀаныр фи лъэгум щӀывигъэпытӀыхьынущ. Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀыр къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ