Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Члисэ зэхуэсыр фӀыуэ зезыхьэ нэхъыжьхэм щӀыхь нэхъыбэ яхуэфащэщ, псом хуэмыдэжу Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэурэ езыгъащӀэхэм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:17
41 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фи унафэщӀ къуэшхэм къыжаӀэм федаӀуэ икӀи абыхэм фахуэӀурыщӀэ, ахэр Тхьэм жэуап езытыжын хуей цӀыхухэм хуэдэу, фи псэхэм яхуэсакъыу къыкӀэлъоплъри. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ямылэжьэу, гуфӀэу ящӀэн щхьэкӀэ, абыхэм федаӀуэ. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ящӀэмэ, абы и фӀагъ къывэкӀыркъым.


Тхьэм и псалъэхэр зэзыгъащӀэр фӀыуэ иӀэ псоми щыщкӀэ езыгъащӀэм дрегуашэ.


А унэм фыкъинэ, къыватыр фшхы икӀи ифф, лэжьакӀуэм и лэжьапщӀэр игъуэтыпхъэщи. Бысым хъуэж фщӀыурэ, зы унэм фикӀыу, адрей унэм фимыхьэ.


Тхьэм и псалъэхэр къывжезыӀа фи унафэщӀ къушхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Дунейм зэрехыжами феплъи, я фӀэщхъуныгъэм и лъэужьым фрикӀуэ.


Ӏуэху гугъу зыщӀэ мэкъумэшыщӀэм гъавэу кърахьэлӀэжам щыщ и Ӏыхьэр япэ къратын хуейщ.


Зиусхьэныр фэ фи псэм зэрыщыщым хуэдэу, абы и псэми зэрыщыщым щхьэкӀэ, фыхуэгуфӀэу фыкъыпежьэ. Абы хуэдэ цӀыхухэм щӀыхь яхуэфщӀ,


ЦӀыхухэр игъэгушхуэну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, ирегъэгушхуэ. ИӀэр цӀыхухэм ядигуэшыну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, и гуапэу ядрегуэш. УнафэщӀу лэжьэну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, унафэщӀу ирелажьэ жану. ЦӀыхухэм гущӀэгъу яхуищӀыну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, псэ хьэлэлкӀэ гущӀэгъу яхурещӀ.


Абыхэм пщӀэшхуэ къытхуащӀащ, дызыхуэныкъуэхэри къытхуахьащ дыкъыщежьэжым.


Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.


Зиусхьэным фӀыуэ хуэлажьэ цӀыхубзу Трифенэрэ Трифосэрэ фӀэхъус схуефхыж. Зиусхьэным фӀыуэ хуэлэжьа, фӀыуэ тлъагъу цӀыхубзу Персидэ фӀэхъус схуефхыж.


ДэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну я гуапэу мурад ящӀащ, ядэӀэпыкъунуи я пщэм дэлъщ. Тхьэм журтхэр зэригъэгугъа ӀыхьэфӀым щыщ хамэ лъэпкъхэми яӀэ хъуащ. Аращи, хамэ лъэпкъхэми мы дунейм и мылъку ӀыхьэфӀу яӀэмкӀэ я фӀагъ журтхэм ирагъэкӀын хуейщ.


Уэ, къыздэлажьэ ныбжьэгъу пэжым, абыхэм уадэӀэпыкъуну сынолъэӀу. ХъыбарыфӀыр ӀуэтэнымкӀэ къыздэлэжьащ ахэр, Климентрэ адрей къыздэлажьэхэмрэ я гъусэу. Абыхэм я цӀэхэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтыну цӀыхухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым иратхащ.


СыныволъэӀу, апхуэдэ цӀыхухэми, абыхэм ядэлажьэхэми, я гъусэ гугъуехьакӀуэхэми фахуэӀурыщӀэ.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм апхуэдэу ящӀщ, абыхэм зэхуахьэса ахъшэр Варнавэрэ Щаулрэ ӀэщӀалъхьэри, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм хуахьыну ягъэкӀуащ.


Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм егъащӀэ, игъуэу щыщытми щыщымытми ахэр ебгъэщӀэным хэт. ЯгурыгъаӀуэ, егъэдэӀуэ, ущий, шыӀэныгъэ псомкӀи щыпкъагъэр егъащӀэ.


Зыхуэсакъыж, цӀыхухэм ебгъащӀэ Ӏуэхухэми яхуэсакъ. А Ӏуэхухэм уи нэӀэ сыт щыгъуи ятегъэт. Апхуэдэу пщӀэмэ, къодаӀуэ цӀыхухэр мыкӀуэду къебгъэлынущ, уэ уи щхьэри мыкӀуэду къебгъэлынущ.


Зи унагъуэр зезымыхьэфыр Тхьэм и члисэ зэхуэсым дауэ зэрыкӀэлъыплъыфынур?


ГъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр фи Ӏэм илъу, дуней кӀыфӀым къыхэцӀуукӀ вагъуэхэм хуэдэу а цӀыхухэм факъыхэлыдыкӀынущ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, сызэрыфхуэлэжьар икӀи сызэрыфхуешар пщӀэншэ зэрымыхъуам Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм сригуфӀэнущ.


Мис, а Ӏуэхухэр къэхъун и пэкӀэ абыхэм я хъыбар нывжесӀащ.


Фи унафэщӀ къуэш псоми Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус схуефхыж. Италием щыщ къуэшхэм фӀэхъус къывахыж.


Гугъу зедгъэхьурэ куэду дыщӀэлажьэр цӀыху псори, псом япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, мыкӀуэду къезыгъэл Тхьэуэ гъащӀэ зиӀэм дызэрыщыгугъыр арщ.


Ауэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам къыхэкӀкӀэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ. И нэфӀ къызэрысщыхуар пщӀэншэ хъуакъым. Адрей псоми нэхърэ нэхъ куэдрэ сылэжьащ, ауэ сэракъым лэжьар, Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри сигъэлэжьащ.


Апхуэдэу гугъу дехьурэ, къару зимыӀэхэм дазэрыдэӀэпыкъун хуейр сыт и лъэныкъуэкӀи фэзгъэлъэгъуащ. Езы Зиусхьэн Хьисэ жиӀа псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэжын хуейкъым: «Къуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ».


Фэ гугъу фызыдемыхьа гъавэр Ӏуфхыжыну фызгъэкӀуащ. А гъавэм нэгъуэщӀхэр гугъу дехьащ, ауэ фэри абыхэм я Ӏуэхум фыхыхьащ.


– Хэт атӀэ акъылыфӀагъэ иӀэрэ зыщыгугъ хъун унэзехьэу тепщэм езым и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм унафэщӀ яхуищӀынур, шхын и чэзум къаритын щхьэкӀэ? – жиӀащ Зиусхьэным.


Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэхэм щӀыхь яхуэщӀ.


Мы Ӏуэхухэр ди къуэшхэм ягурыбгъаӀуэмэ, фӀэщхъуныгъэм и псалъэхэмкӀи ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, узытет ӀуэхуфӀхэмкӀи лъэкӀыныгъэ зэбгъэгъуэтурэ, Хьисэ Мэссихь фӀыуэ хуэлажьэхэм уащыщщ итӀанэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ дызэгъусэу Тхьэм дыхуолажьэ. Фэ Тхьэм и хьэсэм фыхуэдэщ, Тхьэм иухуэ унэм фыхуэдэщ.


Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуэну члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я Ӏэхэр къыптралъхьэурэ, уэ птеухуауэ Тхьэм езым и псалъэхэр абыхэм я гум кърилъхьэу къащыжригъэӀэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм лъэкӀыныгъэу къуитам узэрыхэтыным хущӀэкъу.


ЦӀыхуитӀ е цӀыхуищ щыхьэт темыхъумэ, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящыщ зыгуэрым зэригъэкъуаншэр умыдэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ