15 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм ящыщ гуэрхэр гъуэгу захуэм текӀри, шейтӀаным и гъуэгу техьащ.
Абыхэм я мыхъумыщӀэ псэукӀэм и гъуэгум цӀыху куэд техьэнущ, щыпкъагъэм и гъуэгуми цӀыху куэд хуагъэхъущӀэнущ.
А цӀыхухэр дэ къытхэкӀащ, ауэ дэ тщыщакъым. Дэ тщыщу щытамэ, ахэр ди деж къэнэнут. Ауэ дэ тхэкӀащ, абыхэм ящыщ зыри дэ зэрытщымыщыр нахуэ хъуащ а щӀыкӀэмкӀэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Димас мы дунейр фӀыуэ илъэгъуати, сэ сыкъигъанэри, Фессалоникэ къалэм кӀуащ. Крискент Галатие хэкум кӀуащ, Тити Далмацие хэкум кӀуащ. Си деж къэнар Лука закъуэщ.
Именейрэ Александррэ апхуэдэ цӀыхухэм ящыщщ. Ахэр шейтӀаным хуэзгъэзащ сэ, Тхьэр ямыгъэпцӀу зрагъэсэн щхьэкӀэ.
Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.
Мы Ӏуэхугъуэхэм ар щытопсэлъыхь и тхылъ псоми. ГурыӀуэгъуейхэм фыщрихьэлӀэнущ а тхылъхэм. Теубыдагъэ зимыӀэ цӀыху акъылыншэхэм Паул и тхылъхэр зэӀагъэхьэ, адрей тхылъ лъапӀэхэр зэрызэӀагъэхьэм хуэдэу. Апхуэдэу зэращӀымкӀэ хоукъуэ, лей зрахыж.
А тӀур щыпкъагъэм и гъуэгум текӀауэ, дэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, лӀахэм дакъыхэтэджыкӀыжауэ зэрыжаӀэмкӀэ цӀыху гуэрхэм я фӀэщхъуныгъэр ягъэкӀуэд.
Асие хэкум ис псори, абыхэм Фигеллрэ Ермогенрэ яхэту, зэрызэбгъэдэкӀыжар уощӀэ.
– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».