Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Аращи, фызабэ ныбжьыщӀэхэр дэкӀуэжыну, быни къащӀэхъуэну, я унагъуэри зэрахьэну, я жагъуэгъу шейтӀаныр абыхэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыну Ӏэмал ирамыгъэгъуэтыну сыхуейщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:14
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

УнэӀутыгъэм и бжьыр зытелъ псоми я тепщэхэм щӀыхь псори яхуэфащэу ялъытэн хуейщ, цӀыхухэм Тхьэм и цӀэмрэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэмрэ ямыгъэулъиин щхьэкӀэ.


Зыгуэрым узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, узыщыгугъ хъуну хъыбархэр цӀыхухэм егъащӀэ, къытхужаӀэн Ӏей ямыгъуэту, уэ къыппэув цӀыхухэр укӀытэжын щхьэкӀэ.


Къэшэныгъэ-дэкӀуэныгъэмрэ шхыныгъуэ гуэрхэр пшхынымрэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхуу щытхэу а пцӀыупсхэм цӀыхухэм жраӀэ. Ауэ Тхьэм а шхыныгъуэхэр къигъэщӀащ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу, щыпкъагъэр зыщӀэхэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀурэ, ахэр яшхын щхьэкӀэ,


Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ.


Фызабэ ныбжьыщӀэхэм я цӀэхэр а тхылъым иумытхэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ я гум хъуэпсэныгъэ къихьэмэ, я щӀыб Мэссихь къыхуагъазэу, дэкӀуэжыну яхуеинущ.


ЦӀыхухъухэр дэнэ щӀыпӀэ щыӀэми, Тхьэм елъэӀуну сыхуейщ, гукъабзагъэкӀэ я Ӏэхэр яӀэтурэ, мыгубжьу, ягуми ТхьэмкӀэ шэч ямыщӀу.


Ауэ зэрысщӀам хуэдэу сыт щыгъуи сщӀынущ. «Паул зэрылажьэм хуэдабзэу, дэри долажьэ», жызыӀэу зыщытхъужхэр зыщытхъужыну Ӏэмал естыну сыхуейкъым.


Аращи, дэ зыр зым дгъэкъуэншэн хуейкъым. Зыгъэлъэпэрэпэну мывэ е гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэху гуэр фи къуэшым и гъуэгум тевмылъхьэну фи гум теубыдагъэ илъын хуейщ.


– Дэнэ щыӀэ Сарэ, уи фызыр? – къыжраӀащ абыхэм. – Мыбдежым, шэтырым щӀэсщ, – итащ абы жэуап.


Ибрэхьим Сарэ деж шэтырым пӀащӀэу щӀыхьэри жриӀащ: – ПсынщӀэу хьэжыгъэ нэхъыфӀ дыдэм щыщу сатищ пщыи, гъажьэ щӀакхъуэ мышыу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ