Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Мы Ӏуэхухэр ди къуэшхэм ягурыбгъаӀуэмэ, фӀэщхъуныгъэм и псалъэхэмкӀи ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, узытет ӀуэхуфӀхэмкӀи лъэкӀыныгъэ зэбгъэгъуэтурэ, Хьисэ Мэссихь фӀыуэ хуэлажьэхэм уащыщщ итӀанэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:6
39 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.


Ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхухэм утету цӀыхухэр бгъэӀущын хуейщ.


ФӀыуэ тлъагъу ди къуэш Тихик си хъыбар псори фигъэщӀэнущ. Ар Зиусхьэным и ӀуэхумкӀэ пэжыгъэкӀэ дэ къыддоӀэпыкъу икӀи къыддолажьэ.


– Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэ дэтхэнэ торэт егъэджакӀуэ пашэри унэр зей гуэрым хуэдэщ. Абы и мылъку гъэтӀылъыпӀэм мылъкущӀи мылъкужьи кърех.


Мыр фщӀэми, фи гум къэзгъэкӀыжыну сыхуейщ: Зиусхьэным езым и лъэпкъыр Мысыр къэралым къришыжу, мыкӀуэду къригъэлауэ щытми, абыхэм ящыщу фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр иужькӀэ игъэкӀуэдащ.*


Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм епцӀыжьауэ, абыхэм текӀ дэтхэнэми и псэм Тхьэр хэлъкъым, ауэ Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм сыт щыгъуи тет цӀыхум и псэм Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри хэлъщ.


КъалъхуагъащӀэ сабийхэр анэ быдзышэм зэрыщӀэхъуэпсым хуэдэу, фэри Тхьэм и псалъэу шэ къабзэм хуэдэхэм фыщӀэхъуэпс, абыхэмкӀэ фыхэхъуэурэ, фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхугъуэхэр цӀыхухэм щамыдэну зэманыр къэкӀуэнущ. ЦӀыхухэм я тхьэкӀумэхэм псалъэ дыгъэлхэр ирагъаӀуэурэ, я гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр езыгъэщӀэн егъэджакӀуэхэр къагъуэтынущ.


Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ Ӏуэхухэр, си псэукӀэр, си мурадыр, си фӀэщхъуныгъэр, си шыӀэныгъэр, си фӀылъагъуныгъэр, си теубыдагъэр уощӀэ.


Аращи, си Ӏэхэр нызэрыптеслъхьамкӀэ Тхьэм лъэкӀыныгъэу къуитам и мафӀэр къызэщӀэбгъэнэн зэрыхуейр уигу къызогъэкӀыж.


Зыгуэрым Ӏуэху пхэнжхэр фигъащӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и псалъэу дызыщыгугъын хуейхэм темытмэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум зэрилъыным теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэми темытмэ,


Зыхуэсакъыж, цӀыхухэм ебгъащӀэ Ӏуэхухэми яхуэсакъ. А Ӏуэхухэм уи нэӀэ сыт щыгъуи ятегъэт. Апхуэдэу пщӀэмэ, къодаӀуэ цӀыхухэр мыкӀуэду къебгъэлынущ, уэ уи щхьэри мыкӀуэду къебгъэлынущ.


зинэ зыщӀэхэр, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэр, цӀыху зыщэхэр, пцӀы зыупсхэр, щыхьэт нэпцӀхэр икӀи, хэту щытми, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхуу узыщыгугъ хъунухэм темытыр. ЩӀыхьышхуэ зиӀэ а хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъэщӀэну зи щӀыхьыр ин Тхьэм си пщэм къыдилъхьащ.


Тимофей фи деж нэдгъэкӀуащ. Ар ди къуэшщ, Тхьэм хуолажьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэтӀуэтэн ӀуэхумкӀэ къыддоӀэпыкъу. Ар фи деж ныщӀэдгъэкӀуар мы гузэвэгъуэхэм фэ фщыщ зыри гъуэгу захуэм трамыгъэкӀын щхьэкӀэ фигухэр игъэбыдэн икӀи фи фӀэщхъуныгъэм фытетыну фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэ гузэвэгъуэхэм даӀууэн хуейуэ зэрыщытыр фэ фощӀэ.


Апхуэдэ цӀыхур щхьэуэ щыт Мэссихьым гъусэ хуэхъуркъым. Щхьэр арщ пкъыр зэзыпхыу, къупщхьэ зэрытыпӀэхэмкӀи хуэхэмкӀи пкъы псоми къару езыгъэгъуэту, ар зэщӀэзубыдэр. Апхуэдэу, Тхьэр зэрыхуейм тету пкъым зеужь.


Фэ си хъыбархэри злэжь Ӏуэхухэри фщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ тлъагъу къуэш Тихик псори гурыӀуэгъуэ къыфщищӀынущ. Ар Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу пэжщ.


Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ Тхьэм дызэрыхуэлажьэр лъэныкъуэ псомкӀи догъэлъагъуэ: шыӀэныгъэшхуэ зэрыдиӀэмкӀи, гузэвэгъуэм дыхэтми, гугъуехь тшэчми, гухэщӀ диӀэми,


Абы зэгурыӀуэныгъэщӀэм дыхуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ къыдитащ. А зэгурыӀуэныгъэр псалъэ тхахэм ятеухуа зэгурыӀуэныгъэкъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ зэгурыӀуэныгъэщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псалъэ тхам цӀыхур егъалӀэ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къегъэпсэуж ар.


Абы щхьэкӀэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу, узыщыгугъ хъун Тимофейуэ си щӀалэ лъапӀэм хуэдэр ныфхузогъакӀуэ. Члисэ зэхуэс псоми зэрезгъащӀэм тету, Мэссихь и гъуэгу сытету сызэрызекӀуэр Тимофей фи гум къигъэкӀыжынущ.


Апхуэдэу щытми, мы Ӏуэхухэр фи гум къэзгъэкӀыжыну щӀыпӀэ-щӀыпӀэкӀэрэ сытегушхуауэ ныфхузотх, хэчыхьауэ. Сытегушхуауэ щӀэстхыр хамэ лъэпкъхэм я деж Хьисэ Мэссихь сыщыхуэлэжьэну Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ сыкъызэригъэувар арщ.


Апхуэдэу гугъу дехьурэ, къару зимыӀэхэм дазэрыдэӀэпыкъун хуейр сыт и лъэныкъуэкӀи фэзгъэлъэгъуащ. Езы Зиусхьэн Хьисэ жиӀа псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэжын хуейкъым: «Къуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ».


Аращи, фымыжей, фысакъ! Нэпс щӀэзгъэкӀыурэ жэщ, махуэ жызмыӀэу, фэ фщыщ дэтхэнэми илъэсищкӀэ зэпымыууэ къызэрыгурызгъэӀуар зыщывмыгъэгъупщэ.


Иджы къэсщӀащ Езым къыхиха цӀыхум Зиусхьэныр къызэрыдэӀэпыкъунур. И Ӏэ ижьу текӀуэныгъэ къэзыхьым и лъэкӀ инкӀэ уафэ лъапӀэхэм къарыкӀыу жэуап кърет.


Аращи, сэри мы къэхъукъащӀэ Ӏуэху псори я щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ сыхуэсакъыурэ згъэунэхуа нэужь, уэ, щӀыхь зыхуэфащэ Феофил, зэкӀэлъыкӀуэу пхуэстхын мурад сщӀащ,


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ гупым, цӀыхуищэрэ тӀощӀрэ хуэдиз хъууэ, Петр къахэувэри, а махуэхэм къажриӀащ:


Ахэр Мэссихь хуэлажьэрэ? Абыхэм нэхърэ нэхъыбэу сыхуолажьэ – акъыл зимыӀэм хуэдэу сопсалъэ. Абыхэм нэхърэ нэхъыбэрэ сылэжьащ, нэхъыбэри лъэхъуэщым сисащ, цӀыхухэр нэхъыбэри щӀопщкӀэ къызэуащ, ажалым и гъунэгъу нэхъыбэри сыхъуащ.


Тимофей зэрыцӀыху пэжыр фэ фощӀэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и ӀуэхукӀэ къыздэӀэпыкъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ