Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:16
81 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.


Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм епсэлъа нэужь, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ икӀи и ижьырабгъумкӀэ щысыну зыбгъэдигъэтӀысхьащ.


Ар зыхуахьынур ямыщӀэу здэщытым, щыгъын хужьыбзэкӀэ хуэпауэ лӀитӀ, ямыщӀэххэу, я пащхьэм къихутащ.


Зэхэфха хъыбарыфӀым ӀыхьэфӀ фыщигъэгугъащ. А ӀыхьэфӀыр зыми зыхевмыгъэгъэнын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу фытемыкӀыу пэжу фрикӀуэн хуейщ. Тхьэм хуэлажьэхэм а хъыбарыфӀыр уафэм и щӀагъым щыпсэу цӀыху псоми хуаӀуэтащ. Сэ, Паул, а хъыбарыфӀым сыхуолажьэ.


А гъащӀэр къэлъэгъуащ. Ар тлъэгъуащ, абы щыхьэти дыхуэхъуащ. А мыкӀуэдыжын гъащӀэу Адэ лъапӀэм деж щыӀам икӀи къытхуэлъэгъуам и хъыбар фхудоӀуатэ.


Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу.


Бегъымбархэр зытепсэлъыхьу щыта Ӏуэхухэр езыхэм я зэманым къэмыхъуу, фэ фи зэманым къызэрыхъунур Тхьэм къагуригъэӀуэгъащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу уафэм къахуригъэхам и лъэкӀыныгъэкӀэ хъыбарыфӀыр къыфхуэзыӀуатэхэм мы Ӏуэхухэм я хъыбарыр иджы фи деж къагъэсащ. А Ӏуэхухэм яхэплъэну мелыӀычхэри хуейщ.


Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.


Хамэ лъэпкъхэмкӀэ щӀыхьышхуэ гъэщӀэгъуэну а щэхум хэлъыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яригъэщӀэну игъуэу илъытащ. А щэхур мыращ: Мэссихь фи псэм щыщщ, ари фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ фиӀэ зэрыхъуным фыпоплъэ, абы фыщыгугъыу.


Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ.


Абы ирихьэлӀэу зы мелыӀыч уафэм къехри, къару къритыну и пащхьэм къихутащ.


Иуан зригъэумэхъри, Хьисэ псым къыхэкӀыжащ. Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэӀукӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар Хьисэ илъэгъуащ.


Мэссихь дэ гуэныхьу тщӀахэр тщхьэщихыну къызэрыкӀуар фэ фощӀэ. Абы езым гуэныхь лъэпкъ бгъэдэлъкъым.


Хьисэ ди нэхэр тедвгъэгъэт. Аращ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дытезыгъэхьэу, пашэ къытхуэхъуу ди фӀэщхъуныгъэр нэгъэса зыщӀыр. И пащхьэм илъу щыта гуфӀэгъуэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм жорым зэрыраӀулӀам и гугъуехь ишэчащ, жорым и емыкӀуми еплъакъым ар, Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжу, фӀэщхъуныгъэм и щэхур яӀыгъын хуейщ.


мелыӀычитӀ, хужькӀэ хуэпауэ, Хьисэ и хьэдэр здэщылъам деж, зыр и щхьэмкӀэ, адрейри и лъапэмкӀэ, щысу илъэгъуащ.


«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».


Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми ящыщу пхуэмыбжыну цӀыху куэдыкӀей слъэгъуащ. Джанэ кӀыхь хужьхэр ящыгъыу, хъурмэ жыгым и къудамэхэр яӀыгъыу, тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм итт ахэр.


Дунейр къигъэщӀын и пэкӀэ Тхьэм Мэссихь къыхихащ, ауэ иджы дунейм и кӀэухым деж фӀыгъуэ къывигъэуэлӀэну Мэссихь къигъэкӀуащ.


Шэч хэмылъу, нэгъуэщӀ цӀыхум Тхьэм и нэфӀ къыщызыгъахуэ цӀыхур нэфӀ зыщигъахуэм нэхърэ нэхъ инщ.


Си жьэр щызэтесхкӀэ, хъыбарыфӀым и щэхур гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн псалъэхэр си гум кърилъхьэн щхьэкӀэ Тхьэм фысхуелъэӀу.


Тхьэм и мурад щэхуу Мэссихь иригъэгъэзэщӀэну иухар игъуэу зэрилъытам тету дэ къыдгуригъэӀуащ.


Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ.


Япэрей цӀыхур мы дунейм щыщу щытащ, Тхьэм ар ятӀэм къыхигъэхъукӀащ. ЕтӀуанэрей цӀыхур уафэм щыщщ – Зиусхьэныр арщ.


Зи хъыбарыр къэтӀуатэр Тхьэм и акъылыфӀагъэу щэхуу щытыр арщ. Тхьэм а акъылыфӀагъэр цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щытащ, ауэ лъэхъэнэ псоми япэу Тхьэм зэриухам тету, а акъылыфӀагъэм и гъуэгукӀэ щӀыхьышхуэ диӀэ хъунущ.


Ауэ сэ сыщӀоупщӀэ: ХъыбарыфӀыр зэхамыхауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ зэхахащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм я макъыр щӀылъэм дэнэкӀи щызэхахащ, я псалъэхэри щӀылъэм и гъунэхэм нэсащ».


Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Петр сунэт ящӀахэм апостолу Ӏуэху яхуищӀащ, сэри сунэт ямыщӀахэм сыапостолу Ӏуэху яхуэсщӀащ, а зы Тхьэр Петри сэри къыддэлэжьащ.


Ахэращ ди адэшхуэхэм къатехъукӀа цӀыхухэр. ЦӀыхум хуэдэу, езы Мэссихьи абыхэм я лъэпкъым щыщщ. Езыр арщ псоми нэхърэ нэхъ ину, мыкӀуэдыж щӀыхьышхуэр зиӀэ Тхьэр. Ӏэмин.


Петр мыпхуэдэу жиӀэу щӀидзащ итӀанэ: – Тхьэр цӀыхум и фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр къызгурыӀуащ.


Дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и бзаджагъэм щхьэкӀэ Торэт хабзэм хузэфӀэмыкӀар Тхьэм ищӀащ. Езым и Къуэм гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм я пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, гуэныхьхэм щхьэкӀэ къурмэныпхъэ хъуну Тхьэм къигъэкӀуащ, апхуэдэуи а пкъымкӀэ гуэныхьыр игъэкъуэншащ.


Паулрэ Варнавэрэ Антиохием щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэр зэхуашэсри, Тхьэм абыхэм яригъэлэжьа Ӏуэху псори, хамэ лъэпкъ щыщхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ, Тхьэм бжэр къазэрыхузэӀуихари жраӀащ.


Адэ лъапӀэм сыщыщу дунейм сыкъытехьащ. Дунейм аргуэру сытекӀыжынурэ, Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынущ.


И ӀэмыщӀэм Адэ лъапӀэм псори къызэрырилъхьари, Тхьэм зэрыщыщри, Тхьэм деж зэригъэзэжынури ищӀэрти,


Тхьэм яхуелъэӀуурэ яхэкӀри, уафэм дэкӀуеижащ.


МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ абы щыгъуэ: – Сыт щӀэбгъэщӀагъуэр? ЦӀыхубзымрэ щхьибл зыпыт икӀи бжьакъуипщӀ зытет хьэщхьэвылъэу цӀыхубзыр зытесымрэ къикӀыр ныбжесӀэнущ.


И натӀэми цӀэ гуэр тетхат: «Мыр щэхущ. Мыр Бабилэнышхуэу псэжь псоми щӀылъэм и гущыкӀыгъуэхэми я анэщ».


ЖытӀэ псом я нэхъыщхьэр мыращ: Уафэхэм щыӀэу, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу дин пашэшхуэ диӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэм и лъэкӀыныгъэ щэхум Ӏуэху ещӀэ иджы. Ауэ бзаджагъэм и цӀыхум иджыри къэс гъуэгу езымытар япэщӀыкӀэ Ӏуахыжьын хуейщ.


Ар къыщыхъунур Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэрщ. А махуэм Зиусхьэным и цӀыху лъапӀэхэм абы щӀыхьышхуэ хуащӀынущ, абыкӀи фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа псоми ар яфӀэтелъыджэнущ. Фэри а цӀыхухэм фахэтынущ, ди щыхьэтыгъэр фи фӀэщ хъуащи.


Ерусалим дэс цӀыху псоми Иудэ къыщыщӀар зэхахащ, а щӀыгум Акелдамэ фӀащащ я бзэкӀэ. Абы къикӀыр «Лъы уасэ щӀыгущ».


Си Адэ, дунейр къэхъун и пэкӀэ уи деж сэ щызиӀа щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэр уи деж щызиӀэ щӀы.


– Адэ лъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыфхуезгъэхынущ. Ар Адэ лъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, абы и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэращ. Ар къыщыкӀуэкӀэ, сэ щыхьэт къыстехъуэнущ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр япэм здэщыӀам дэкӀуеижу флъагъумэ, сыт жыфӀэн итӀанэ?


Ар хамэ лъэпкъхэм щыпкъагъэ езыгъащӀэ нэхурщ, Израил уи лъэпкъыр щӀыхьышхуэ иӀэу зыщӀынури арщ».


Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, щыгъын хужь кӀыхькӀэ хуэпауэ, ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ къыщысу, зы щӀалэ ялъагъури, къэскӀащ.


Хьисэ гуэныхь иригъэлэжьыну шейтаныр и ужь къитурэ, Хьисэ махуэ плӀыщӀкӀэ губгъуэ нэщӀым къыщикъухьащ. ХьэкӀэкхъуэкӀэхэм яхэтт, мелыӀычхэми Ӏуэхутхьэбзэ къыхуащӀэ хъуащ Хьисэ.


НапӀэзыпӀэм щӀыр ин дыдэу хъеящ, Зиусхьэным и мелыӀыч уафэм къехри, кхъэлэгъунэм бгъэдыхьэщ, мывэшхуэр Ӏуигъэ-кӀуриикӀри, абы тетӀысхьати.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, ауэ адрей цӀыхухэм къаритакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


ШейтӀаныр абы и ужь икӀыжащ итӀанэ; мелыӀычхэр къыхуехри, Хьисэ Ӏуэхутхьэбзэ къыхуащӀэ хъуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.


Журтымрэ алыджымра яку зэхэгъэж дэлъкъым. А зы Зиусхьэныр псоми я Зиусхьэнщ икӀи абы елъэӀу псоми фӀы къахуещӀэ.


Хьэуэ, игъэкӀуэдыжыфынукъым. Тхьэр сыт щыгъуи щыпкъэщ, ауэ дэтхэнэ цӀыхури пцӀыупсщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, Тхьэ, псалъэу къыжыпӀэхэмкӀэ узахуэщ, уагъэкъуаншэми, уи щыпкъагъэр нахуэ хъунущ».


Силуани, Тимофейи, сэри Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьу зи хъыбар фи деж щытӀуэтар зэми арауэ, зэми армырауэ щыткъым, атӀэ Хьисэ Мэссихьыращ Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр.


ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.


Гуэныхь зыщӀэр шейтӀаным и бынщ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ шейтӀаным гуэныхь ещӀэри. Тхьэм и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар шейтӀаным и Ӏуэхухэр игъэкӀуэдыну арщ.


– Езы Даут Мэссихьым «Си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и Къуэу дауэ зэрубжынур?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ