14 Куэд мыщӀэу уи деж сыкъэкӀуэн си гугъэу, мы тхылъыр пхузотх.
НэгъуэщӀ гуэркӀи сынолъэӀу: ХьэщӀэщ къысхуэгъэхьэзыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм фызэрысхуелъэӀуам папщӀэ Тхьэм сынывитыжыну сыщогугъ.
Зыгуэр мэжалӀэ хъумэ, и унэм щрешхэ, фыщызэхуэсам деж къуаншэ фымыхъун папщӀэ. СынакӀуэмэ, адрей Ӏуэхухэм я унафэр сщӀынущ.
ЩӀэхыу услъагъуу, итӀанэ дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэну сыщогугъ.
Ныфхуэстхыну сиӀэр куэдщ иджыри, ауэ тхылъымпӀэрэ шакъэкӀэ нэстхыну сыхуейкъым. Ди гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ, фи деж сэ сынакӀуэу дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэным сыщогугъ.
Ди къуэш Тимофей щхьэхуиту къызэраутӀыпщыжар фщӀэну сыхуейщ. Мыгувэу къакӀуэмэ, абы сригъусэу фыслъагъуну сынэкӀуэнущ.
Сэ сынэкӀуэху, Тхьэм и псалъэ тхахэм цӀыхухэм я пащхьэм уакъызэрыщыхуеджэнми, цӀыхухэм зэрагурыбгъэӀуэнми, зэребгъэщӀэнми хэт.
Фи деж дынэкӀуэну дыхуеящ. Сэ, Паулыр, зыбжанэрэ сынэкӀуэну сыхэтащ, ауэ шейтӀаным ар къыдигъэхъулӀакъым.
Зи Ӏуэху фӀыуэ зыгъэзэщӀа дэӀэпыкъуэгъухэм щӀыхь ягъуэт икӀи Мэссихь ХьисэкӀэ яӀэ фӀэщхъуныгъэм гушхуауэ тепсэлъыхьын ялъэкӀынущ.
Сынэгувэмэ, Тхьэм и унагъуэм щыщхэр зэрыпсэун хуейр мы тхылъым уигъэщӀэнущ. Тхьэм и унагъуэм щыщхэр гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и члисэ зэхуэсыр арщ. А члисэ зэхуэсыращ щыпкъагъэр зытет пкъори лъабжьэри.