Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 2:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Ауэ фӀэщхъуныгъэ, фӀылъагъуныгъэ, къабзагъэ и гум зэпымыууэ илъу, хабзэфӀым тету щытмэ, сабий къызэрыхуэхъумкӀэ мыкӀуэду къелынущ цӀыхубзыр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 2:15
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэр мыхэращ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псэукӀэми, мы дунейм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэми ди щӀыб яхуэдгъэзэныр, гулъытэрэ щыпкъагъэрэ диӀэу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, мы зэманым дыпсэуныр.


Ауэ щыӀэ псоми я кӀэухыр къэблэгъащ. Аращи, Тхьэм фелъэӀуфын щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀи зышыӀэныгъи зивгъэӀэ.


Мы унафэр щӀэтщӀыр мыращ: Гу къабзэу мыхъумыщӀагъэу зыри зыдэзымыщӀэжымрэ фӀэщхъуныгъэ щыпкъэмрэ къарыкӀ фӀылъагъуныгъэр диӀэ хъун щхьэкӀэщ.


Абы нэмыщӀу, цӀыхубзхэми укӀытэ яхэлъу, хабзэфӀым тету, екӀуу захуэпэну сыхуейщ. Щхьэц ухуэнакӀи, дыщэкӀи, налкъутналмэсхэмкӀи, щыгъын лъапӀэхэмкӀи замыгъэщӀэращӀэу,


Арати, Мэрием и къуэу и щыпэлъху быныр къилъхуащ икӀи хъыданым кӀуэцӀищыхьащ. Абыхэм хьэщӀэщым пэш нэщӀ зэрыщамыгъуэтам къыхэкӀкӀэ, Ӏуэм ит шхалъэм сабийр дилъхьащ.


Ауэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ ину къысщыхуащ икӀи Мэссихь Хьисэ си псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэрэ фӀылъагъуныгъэрэ си гум илъ хъуащ.


Пкъым щыщ пкъыгъуэу пщӀэ зыхуэмыфащэу тлъытэхэм нэхъ дахуосакъ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ