Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Фэ псори нэхум фрибынщ, махуэми фрибынщ. Дэ жэщым икӀи кӀыфӀыгъэм я бынхэм дащыщкъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5:5
7 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зэгуэрым фэ кӀыфӀыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ нэху фыхъуащ. Нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу,


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


Нэхум и бын фыхъун щхьэкӀэ, нэхум фщӀыгъуху, нэхумкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. А псалъэхэр жиӀа нэужь, абыхэм яхэкӀыжри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ.


– Апхуэдэу щыхъум, тепщэр и унэзехьэ хьилэщым щытхъуащ, зэрыӀущым щхьэкӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм тет цӀыхухэр зэрызэхущытымкӀэ нэху щыпкъым щызекӀуэ цӀыхухэм нэхърэ нэхъ Ӏущщ.


Ауэ дэ махуэм и быну дыщытщи, зышыӀэныгъэ зидвгъэгъэӀэ. ФӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ афэ джанэм хуэдэу зыщыфтӀагъэ, икӀи Тхьэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлыным дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэр тажым хуэдэу дывгъэӀэт.


Апхуэдэу щыт пэтми, унафэу ныфхуэстхыр унафэщӀэщ; а унафэм и пэжыгъэр Мэссихь къыфхуигъэлъэгъуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀыфӀыгъэр мэкӀуэдыжри, нэху пэжыр къолъагъуэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ