21 Ӏуэху псоми я щыпкъагъэр вгъэунэху, фӀым фытет.
ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.
Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.
Зиусхьэным игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр вгъэунэху икӀи зэвгъащӀэ.
Фессалоникэ дэсхэм нэхърэ, Верие дэсхэм щыпкъагъэ нэхъ яхэлът. Тхьэм и псалъэхэм я гуапэу еувэлӀащ. Паул жиӀахэр Тхьэм и псалъэу тхахэм техуэрэ темыхуэрэ зэхагъэкӀын щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм махуэ къэси хэплъэрт.
– Фэ фщӀэн хуейр фэр-фэру сыт къыщӀывгурымыӀуэр?
ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс.
Фи фӀылъагъуныгъэр пэж ирехъу. Бзаджагъэм пэӀэщӀэ зыфщӀ, фӀыгъуэм и ужь фит.
Аращи, Ӏуэхуу зэвгъэщӀари зэхэфхари фи гум къэвгъэкӀыж. Ахэр вгъэзащӀи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж. Фыжейурэ фымысакъмэ, дыгъуакӀуэр цӀыхухэм ямыщӀэххэу къызэрыкӀуэм хуэдэу сынэкӀуэнущ. Фи деж сыныщыкӀуэну сыхьэтри фщӀэнукъым.
Ауэ дыздынэсам теухуауэ дыгупсысэн икӀи абы тету дыпсэун хуейщ.
Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.
Абы щыгъуэ нэхъыфӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀын флъэкӀынущ, фигури къабзэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм фрихьэлӀэнущ.
ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа журтхэм Хьисэ яжриӀащ: – Си псалъэхэр фигу илъмэ, си гъуэгу пэжу ирикӀуэхэм фащыщщ.
Сэ сыкъэкӀуэжыху, фӀэщхъуныгъэу фиӀэм фытемыкӀ.
Аращи, дызыщыгугъыу, дызыпэплъэ ӀуэхуфӀу цӀыхухэм зи гугъу яхуэтщӀхэм дыкъимыкӀуэтыжу дытету дривгъакӀуэ, а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъэзыгъэгугъа Тхьэм и гум щыпкъагъэ илъщи.
Аращи, ди къуэшхэ, фыкъимыкӀуэту, жьэкӀи тхылъкӀи фэдгъэщӀа Ӏуэхухэм быдэу фытету гъуэгу захуэм фрикӀуэн хуейщ.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.
Сэ фи псэм сыт щыгъуи сыхэвгъэлъ, фэри си псэм сыт щыгъуи фыщыщынущ. Къудамэр жызумыпкъым пымытмэ, зыри къызэрыпымыкӀэнум хуэдэу, фэри фи псэм сыт щыгъуи сыхэвмыгъэлъмэ, фӀыгъуэ къыфпыкӀынукъым.
ЩӀэх сынэкӀуэжынущ. Фи тажыр зыми къыфӀимыхын щхьэкӀэ, фи фӀэщхъуныгъэм фытемыкӀ.
фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, куэду фызэрылэжьари, теубыдагъэ фиӀэу фызэрыпсэуари сощӀэ. ЦӀыху бзаджэхэр зэрывмышэчыфри сощӀэ. АпостолкӀэ зэджэж апостол нэпцӀхэр вгъэунэхуащ икӀи пцӀы зэраупсыр флъэгъуащ.
ГъуаплъащӀэ Александр леишхуэ къызихащ. Зиусхьэным абы и Ӏуэхухэм яхуэфащэр иригъэпшыныжынщ.
Асие хэкум ис псори, абыхэм Фигеллрэ Ермогенрэ яхэту, зэрызэбгъэдэкӀыжар уощӀэ.
ЦӀыхум игу илъыр езым фӀэкӀа нэгъуэщӀ цӀыхухэм ящыщу хэт зыщӀэр? Апхуэдабзэу, Тхьэм и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фӀэкӀа зыми зэхищӀыкӀыркъым.
Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ.
А цӀыхухэм ящыщхэр унэхэм яфӀыщӀопщхьэ, зи гуэныхьхэм текӀуадэ цӀыхубзу хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэм зыкърезыгъэшэкӀхэр дахьэх.
Аращи, Ӏэмал дгъуэтыху къэс цӀыху псоми фӀы яхуэдвгъащӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я унагъуэм щыщхэр арщ псом япэу фӀы зыхуэтщӀэн хуейр.
Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ премыувыж хэти. Ауэ фэ фӀы зэрызэхуэфщӀэным фыхущӀэкъу, цӀыху псоми фӀы зэрахуэфщӀэнми сыт щыгъуи и ужь фит.
Сыт хуэдэ бзаджагъэми пэӀэщӀэ зыфщӀ.