ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр20 Тхьэм цӀыхухэм ягу кърилъхьэ псалъэхэр зэрыжаӀэм нэмыплъ евмыт. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Япэрауэ члисэ зэхуэсым хуэлэжьэну Тхьэм цӀыху гуэрхэр апостолу игъэуващ. ЕтӀуанэрауэ, цӀыху гуэрхэри бегъымбару игъэуващ. Ещанэрауэ, цӀыху гуэрхэми адрей цӀыхухэм Ӏуэхухэр ирагъэщӀэну игъэуващ. Ӏуэху телъыджэхэр ящӀэну цӀыху гуэрхэри игъэуващ. Сымаджэхэр ягъэхъужын щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэхэр яӀэну цӀыху гуэрхэр игъэуващ итӀанэ. НэгъуэщӀхэри адрей цӀыхухэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну, нэгъуэщӀхэри унафэщӀу лэжьэну, нэгъуэщӀхэри езыхэм ямыщӀэ бзэхэмкӀэ псэлъэну игъэуващ.
нэгъуэщӀ цӀыхуми Ӏуэху телъыджэхэр илэжьыну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхум и гум Тхьэм езым и псалъэхэр кърилъхьэурэ, ахэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху гуэр къыбгъэдэкӀрэ къыбгъэдэмыкӀрэ зэхищӀыкӀыну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми имыщӀэ бзэхэмкӀэ псэлъэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми а бзэхэр зэридзэкӀыну лъэкӀыныгъэ кърет.