16 Сыт щыгъуи фыгуфӀэ.
Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхугъуэхэм фащыгуфӀыкӀ. Гугъуехь фрихьэлӀэмэ, зыхуэвгъэщэч. Тхьэм фелъэӀу зэпыт.
Фэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщхэр, сыт щыгъуи фыгуфӀэ. Иджыри зэ нывжызоӀэ, фыгуфӀэ.
Фытхъэ, хуабжьу фыгуфӀэ, Тхьэм уафэм ӀыхьэфӀу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкӀэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу.
дигу хагъэщӀ, ауэ сыт щыгъуи догуфӀэ; дэ дытхьэмыщкӀэщ, ауэ цӀыху куэд бей дощӀ; зыри димыӀэу къащохъу, ауэ псори ди Ӏэ илъщ.
Ауэ жин бзаджэхэр фи ӀэмыщӀэ зэрилъым щхьэкӀэ фымыгуфӀэу, фи цӀэхэр уафэм щыӀэ тхылъым зэритым щхьэкӀэ фыгуфӀэ.
– Зи щӀыхь ин, а щӀакхъуэр даӀимауэ къыдэт зэпыт, – къыжраӀащ абыхэм.