Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Аращи, зым адрейр ирырегъэгушхуэ икӀи зым адрейм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ирырегъэгъуэт, иджы зэрыфщӀым хуэдэу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5:11
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЕмыкӀу псалъэ фи жьэм къыжьэдэвмыгъэкӀ, адрей цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ евгъэгъуэтурэ, псалъэфӀхэр фи жьэм къыжьэдэвгъэкӀ, а псалъэхэр зэхэзых цӀыхухэм фи фӀагъ евгъэкӀын щхьэкӀэ.


ЦӀыху гуэрхэм зэрахабзэм хуэдэу, дызэӀущӀэныр зыхэдывмыгъанэ, атӀэ дызэрывгъэгъэгушхуэ. Зиусхьэным и махуэр нэхъ къэблэгъауэ зэрыфлъагъум щхьэкӀэ нэхъри фызэрыгъэгушхуэн хуейщ.


Дэ тщыщу хэти и гъунэгъум фӀы хуищӀэурэ, арэзы ищӀын хуейщ, гурэ псэкӀи нэхъ лъэкӀыныгъэ иригъэгъуэтын хуейщ.


Гуэныхь щӀэным и хьилагъэкӀэ дишэхауэ фэ фщыщ гуэрым и гур ерыщ мыхъун щхьэкӀэ, махуэ къэс фызэрыгъэгушхуэ, «Нобэ» жыхуаӀэ зэманым дыхэтыху.


Аращи, зэгурыӀуэныгъэ къэзыхь Ӏуэхухэми гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ зэрыдгъуэт Ӏуэхухэми я ужь дивгъэт.


Фэри Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу лъэкӀыныгъэхэр къызэрывитынум фыхущӀокъури, члисэ зэхуэсым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ евгъэгъуэтын щхьэкӀэ, апхуэдэ лъэкӀыныгъэхэр нэгъэсауэ фиӀэ зэрыхъуным фыхущӀэкъу.


Ахэр щӀигъэувар и цӀыху лъапӀэхэм езым хуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ яритын, Мэссихь и пкъым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын папщӀэщ.


Ауэ фэ, фӀыуэ слъагъухэ, гурэ псэкӀэ нэхъ къару зыхуэвгъуэтыжу, фи фӀэщхъуныгъэ лъапӀэ дыдэм и щыпкъагъэм фызэрытетыным фыхущӀэкъу. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм фелъэӀу.


Езы Мэссихьыращ пкъым къару езыгъэгъуэтри, пкъыр зэзыпхыурэ пкъы псори зэхэзыгъэувэри, зэщӀэзыубыдэри. Апхуэдэу пкъым щыщ дэтхэнэ пкъыгъуэри зэрылэжьэн хуейм хуэдэу щылажьэкӀэ, пкъым хохъуэ, фӀылъагъуныгъэкӀи къару нэхъ егъуэт.


«Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ», жаӀэ цӀыхухэм. Ар пэжщ, ауэ Ӏуэху псори дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуркъым. Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ, ауэ псоми я фӀагъ къыдэкӀыркъым.


Аращи, а Ӏуэхухэр влэжьу икӀи щыпкъагъэу фиӀэм быдэу фытет пэтми, ахэр фи гум сыт щыгъуи къэзгъэкӀыжынущ.


Мыпхуэдизу мыбы дыщӀыхэтыр фи пащхьэм зыщыдгъэхеиныр арауэ фи гугъэрэ? Ауэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и пащхьэм дыщыпсэлъащ, икӀи, фӀыуэ слъагъухэ, мы Ӏуэху псори щӀэтщӀэр гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ фэдгъэгъуэтын щхьэкӀэщ.


Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэну лъэкӀыныгъэ зрит цӀыхухэм ящыщ цӀыхуитӀ е цӀыхуищ фи зэхуэсым къыщрепсалъэ, къыжаӀэри адрейхэм ирагъэунэху.


Си къуэшхэ, фи гум фӀыгъуэшхуэ зэрилъымкӀи, щӀэныгъэшхуэ зэрывиӀэмкӀи, зым адрейм Ӏуэхухэр иригъэщӀэн зэрыфлъэкӀымкӀи дзыхь фхузощӀ.


Македоние хэкум дэнэкӀи ис къуэш псори фӀыуэ фолъагъу. Ахэр нэхъыфӀыжу дапщэщи флъагъуну сыныволъэӀу.


Фэ псори фымыщӀэ бзэхэмкӀэ фыпсэлъэну сыхуейщ, ауэ абы нэхърэ Тхьэм езым и псалъэхэр фи гум кърилъхьэурэ, ахэр къызэрыжыфӀэным и лъэкӀыныгъэ фиӀэну нэхъ сыхуейщ. Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэр имыщӀэ бзэкӀэ къэпсалъэм нэхърэ нэхъ инщ, а бзэр зыгуэрым зэримыдзэкӀмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ