Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Зэшхэм хуэдэу фӀыуэ фызэрылъагъун зэрыхуейр ныфхуэстхыну лейщ. ФӀыуэ фызэрылъагъун зэрыхуейр Тхьэм фигъэщӀащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:9
30 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфха хъыбарыр мыращ: ФӀыуэ фызэрылъагъу.


Зэшхэм хуэдэу, фӀыуэ фызэрылъагъу; фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфӀэу флъытэ.


Мыращ и унафэр: и Къуэу Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэнырщ икӀи Мэссихь унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, фӀыуэ дызэрылъагъунырщ.


Тхьэм мы унафэр къытхуищӀащ: Тхьэр фӀыуэ зылъагъум и къуэшри фӀыуэ илъагъун хуейщ.


Зэшхэм хуэдэу, зэпымыууэ фӀыуэ фызэрылъагъуу щрет.


Ди къуэшхэ, а Ӏуэхухэр къыщыхъун зэманми сыхьэтхэми ятеухуауэ ныфхуэттхыну лейщ,


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори ягурэ я псэкӀэ зыт. Зыми и мылъкум теухуауэ «Мыр сысейщ» жиӀэртэкъым, атӀэ яӀэ псори я зэхуэдэт.


Зи къуэшыр фӀыуэ зылъагъур нэхум хэтщ икӀи абы гуэныхь ищӀэну зыгъэлъэпэрэпэн зыри щыӀэкъым.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зэкъуэшыныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зэкъуэшыныгъэр фӀылъагъуныгъэкӀэ вгъэбагъуэ.


Псом япэрауэ фи фӀэщу фӀыуэ фызэрылъагъу, фӀылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъури.


ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт.


«Зиусхьэным къыжеӀэ: А махуэхэм я ужькӀэ зэгурыӀуэныгъэу сэрэ абыхэмрэ яку дэслъхьэнур мыращ: Си унафэхэр абыхэм я гум ислъхьэнущ, я щхьэми истхэнущ».


Ауэ фэ фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр – ар Тхьэм и Псэ ЛъапӀэрщ, – Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ къыфхуригъэхынущ. Абы псори фигъэщӀэнущ икӀи сэ нывжесӀа псори фигу къигъэкӀыжынущ.


Зиусхьэным и ӀурыщӀэу, жэщым Абы и унэшхуэм щӀэт псори, фынакӀуэ, Зиусхьэным щӀыхь хуэдвгъэщӀ иджы!


ЕтӀуанэ унафэри апхуэдэщ: «Уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу».


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуедгъэхь дэӀэпыкъуэныгъэм теухуауэ нэзмытхми, хъунут,


Мэссихь и Ӏуэхухэм теухуауэ щыщӀагъэ зимыӀэ цӀыху нэгъэса хъуауэ дэ тщыщу дэтхэнэри апхуэдэу гупсысэн хуейщ. Ӏуэху гуэрым теухуауэ нэгъуэщӀ гупсысэкӀэ фиӀэмэ, Тхьэм ари нахуэ къыфхуищӀынущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ