Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Аращи, мы унафэр зымыдэм цӀыхуракъым имыдэр, атӀэ Тхьэуэ езым и Псэ ЛъапӀэр ди гум къизылъхьарщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:8
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ. Тхьэр ди псэм зэрыхэлъыр дэзыгъащӀэр езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьар арщ.


– Фэ къывэдаӀуэр сэри къызодаӀуэ. Фэ фызымыдэм сэри сидэркъым, сэ сызымыдэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари идэркъым.


Сэ нэмыплъ къызэзыту, си псалъэхэри зымыдэм езыр зыгъэкъуэншэн гуэр бгъэдэлъщ. Псалъэу къыжысӀаращ къемэтмахуэм а цӀыхур зыгъэкъуэншэнур.


Бегъымбархэм я псалъэхэр езыр-езыру жаӀакъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм а псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэри къаригъэӀуэтащ.


Апхуэдэу, я нэкъыфӀэщӀхэм щхьэкӀэ мы цӀыхухэм япкъхэр ягъэуфӀей; тепщэныгъэ зиӀэхэр ядэркъым, уафэм щӀыхьышхуэ щызиӀэхэми хуошхыдэ.


Тхьэм фызэрибыным щхьэкӀэ абы и Къуэм и Псэ ЛъапӀэу «Аббэ, ди Адэ!» жызыӀэу фи гум кърилъхьащ.


Сэ сызэреплъымкӀэ, дэмыкӀуэжмэ, нэхъ сыхьэт махуэ ежьащ – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр сэ си гум илъущ апхуэдэу сызэреплъыр.


Дызэрыщыгугъым дыхущӀригъэгъуэжыркъым, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу къыдитамкӀэ абы и фӀылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи.


Бегъымбархэр зытепсэлъыхьу щыта Ӏуэхухэр езыхэм я зэманым къэмыхъуу, фэ фи зэманым къызэрыхъунур Тхьэм къагуригъэӀуэгъащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу уафэм къахуригъэхам и лъэкӀыныгъэкӀэ хъыбарыфӀыр къыфхуэзыӀуатэхэм мы Ӏуэхухэм я хъыбарыр иджы фи деж къагъэсащ. А Ӏуэхухэм яхэплъэну мелыӀычхэри хуейщ.


А Ӏуэхухэр Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ дэ къытхуигъэнэхуащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху псори егъэунэху, ар Ӏуэхухэм я кууупӀэхэми ялъоӀэс.


«ФыкъэдаӀуэ, фэ, Тхьэм и псалъэхэр зэзымыпэсхэ, вгъэщӀагъуэ икӀи фыкӀуэд; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фи махуэхэм Ӏуэхушхуэ гуэр згъэзэщӀэнущ. А Ӏуэхушхуэм и хъыбарыр зыгуэрым къывжиӀакӀи фи фӀэщ хъунутэкъым».


Езыр арщ и бынхэм дазэрыщыщыр дэзыгъащӀэ мыхъуру икӀи фӀыгъуэ къызэрыдитынум и сакъылэту и Псэ ЛъапӀэр ди гум къизылъхьар.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ