Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4-5 Абы нэмыщӀуи, Тхьэр зыхуейр езыр зымыщӀэ хамэ лъэпкъхэм ящыщ цӀыхуу, зи гур зинэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхухэм щӀэхъуэпсхэм фахуэмыдэу, гукъабзагъэкӀэ, щӀыхь хэлъу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и пкъым тепщэныгъэ хуиӀэну арщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:4
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ зашыӀэн ялъэмыкӀмэ, нэчыхькӀэ зэрырегъуэт. Хъуэпсэныгъэм мафӀэм хуэдэу гур исыным нэхърэ нэчыхьыр нэхъыфӀщ.


Аращи, Тхьэм гущӀэгъу къызэрытхуищӀам щхьэкӀэ, хуабжьу сыныволъэӀу: Тхьэм и гум ирихьу, къурмэныпхъэ псэууэ, къурмэныпхъэ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Аращ гурэ псэкӀэ Тхьэр зэрывгъэлъэпӀэн хуейр.


Фэ, лӀыхэм, нывжызоӀэ, фи фызхэм фагурыӀуэу фадэгъуэгурыкӀуэ. Ахэр фэр нэхърэ нэхъ гуащӀэмащӀэщ. ПщӀэ яхуэфщӀ, фэ фхуэдабзэу абыхэми Тхьэм и нэфӀ къащыхуэурэ ӀыхьэфӀу гъащӀэ къаретри. Апхуэдэу фщӀэмэ, Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, зыри къыфпэувыфынукъым.


Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ.


Фэ фипкъхэр Мэссихь и Ӏэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм зэрахуэдэр фщӀэркъэ? Абы щыгъуэ Мэссихь и Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэр псэжьым и пкъым щыщ пкъыгъуэ сщӀын? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.


Ауэ зинэ щӀэным зыщихъумэн щхьэкӀэ, хэти езым и фыз иреӀэ, дэтхэнэ фызми езым илӀ иреӀэ.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс.


Фэ фи зэхэщӀыкӀыр зэрыримыкъуам щхьэкӀэ, нэхъ гурыӀуэгъуафӀэ хъун папщӀэ цӀыхур зэрыпсалъэ бзэкӀэ мыр нывжызоӀэ. Фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм бзаджагъэ евгъэщӀэн щхьэкӀэ фӀеймрэ бзаджагъэмрэ я ӀэмыщӀэ пщылӀу зифлъхьэу зэрыщытам хуэдэу, иджы гукъабзагъэм и гъуэгу фрикӀуэн щхьэкӀэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм щыпкъагъэм пщылӀ хуэхъуну хуэвунэтӀ.


Аращи, абыхэм ягухэр Ӏуэху мыхъунхэм ящӀэхъуэпсу, япкъхэмкӀэ мыхъун зращӀэжыну, фӀеигъэм хэту Тхьэм ахэр къигъэнащ.


Зиусхьэным Ананий къыжриӀащ: – КӀуэ! Хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цӀыхухэми си цӀэм и хъыбар ялъигъэӀэсыну а лӀыр сэ хэсхащ.


Ауэ мы мылъкушхуэр дэ, ятӀагъуэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм хуэдэхэм, ди гум илъ зэпытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэр дэрмырауэ, атӀэ Тхьэрауэ зэрэщытыр нахуэ хъун щхьэкӀэщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ