Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Тхьэр зыхуейр фигу нэхъ къабзэ хъу зэпытыну, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀыну арщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:3
47 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абы къыхэкӀкӀэ, мы дунейм щыдгъэщӀэну къытхуэнэжа пӀалъэм цӀыхухэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэху нэпцӀхэм дыдахьэхауэ дымыпсэууэ, Тхьэр зыхуейм дытету дывгъэпсэу.


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм фи гур нэсауэ ирегъэкъэбзэж, зэрани къывэмыкӀыу фигури, фи псэри, фипкъри кърехъумэ, Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ.


Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.


Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ.


Аращи, фымыгупсысэу фымыпсэу, Зиусхьэныр зыхуейр зыгурывгъаӀуэ.


Аращи, фи щэныжь бзаджэм и Ӏуэхухэр вгъэкӀуэд: Зинэ щӀэнри, гуфӀеягъи, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, хъуэпсэныгъэ Ӏейхэри, нэпсеягъэри – нэпсеягъэр тхьэ нэпцӀыр бгъэлъэпӀэным хуэдэщ.


Абы нэмыщӀуи, Тхьэр зыхуейр езыр зымыщӀэ хамэ лъэпкъхэм ящыщ цӀыхуу, зи гур зинэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхухэм щӀэхъуэпсхэм фахуэмыдэу, гукъабзагъэкӀэ, щӀыхь хэлъу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и пкъым тепщэныгъэ хуиӀэну арщ.


ЦӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьым къыхэкӀ Ӏейхэр нахуэщ. Мыхэращ: Зинэ щӀэныр, гуфӀеягъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр;


Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэу цӀыхухэр зыщӀэхъуэпсхэри мэкӀуэдыж, ауэ Тхьэр зыхуейр зыгъэзащӀэ цӀыхур игъащӀэкӀэ щыӀэнущ.


– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жиӀэу сигъэлъапӀэу къызжезыӀэ цӀыхуракъым Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнур, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ.


Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.


Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл.


Теубыдагъэ фиӀэн хуейщ, Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн икӀи фызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр вгъуэтын щхьэкӀэ.


Абыхэм федаӀуэ жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъ къудейракъым фащедэӀуэнур, атӀэ Мэссихь фызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, фигурэ фи псэкӀэ сыт щыгъуи федаӀуэурэ, Тхьэр зыхуейр влэжь.


Ауэ зинэ щӀэным зыщихъумэн щхьэкӀэ, хэти езым и фыз иреӀэ, дэтхэнэ фызми езым илӀ иреӀэ.


ЦӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуаукӀа къурмэныпхъэм и лым, лъым, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀ. Фэ къыващӀэну фызыхуэмейр нэгъуэщӀхэм евмыщӀэ! А Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыфщӀымэ, фӀы фощӀэ. Узыншэу фыщыт!»


Уэ, пащтыхьхэм текӀуэныгъэр езытым, уи ӀурыщӀэ Даут къезыгъэлам;


ЗэкӀэ сызылъагъу мыхъухэр си нэщӀыбагъкӀэ щоӀущащэ, Бзаджагъэ къызащӀэну ягу иралъхьэ.


Сыт ищӀыс къыфщыщӀми, Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ, фэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, апхуэдэу фщӀэну аращ Тхьэр зыхуейри.


Хэтми, Тхьэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ сэ си къуэшри, си шыпхъури, си анэри.


Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ипэкӀэ зэриухам тету, езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхихащ икӀи езым и Псэ ЛъапӀэм фи гур игъэкъабзэ зэпытщ, Хьисэ Мэссихь федэӀуэн, абы лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ къабзэ фыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм и нэфӀ куэду къыфщыхуэ, гузэгъэгъуэ ину къыфлърес.


Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.


Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.


Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэсауэ къывгуригъэӀуэнуи, и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ псори гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу.


Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, фи пащхьэм Тхьэм сыщигъэлъэхъшэну икӀи нэхъапэм гуэныхь зыщӀа цӀыху куэду зигу фӀеягъэм, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэу зыхэтхэм хущӀемыгъуэжахэм си гур хагъэщӀынкӀэ сошынэ.


Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гум къикӀыр мыращ: Гупсысэ бзаджэхэр, цӀыху укӀыныр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыхухэм пцӀы ятелъхьэныр, яхуэпсэлъэныр.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хэту щытми, си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ сэ си къуэшри, си шыпхъури, си анэри.


Епафрасу фи цӀыхухэм ящыщу Хьисэ Мэссихь хуэлажьэм фӀэхъус къывехыж. Ар Тхьэм пэжкӀэ фхуелъэӀу зэпытщ, Тхьэм и гъуэгум быдэу фытригъэтын, сыт и лъэныкъуэкӀи езыр зыхуей Ӏуэху псори зыхуэдэр нэсауэ къывгуригъэӀуэн папщӀэ.


Ауэ иджы Тхьэм гуэныхь щӀэным фыкъыӀэщӀихыжри, щхьэхуит фищӀыжащ, Тхьэм и пщылӀи фыхъуащ. Абы фӀыуэ къыхэкӀыр гукъабзагъэм и гъуэгум фызэрырикӀуэр арщ, къыфлъысыну ӀыхьэфӀри мыкӀуэдыжын гъащӀэр арщ.


– Тхьэми абы и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа псалъэхэми фахузогъазэ иджы. А псалъэхэм гурэ псэкӀэ къару фагъэгъуэтынуи Тхьэм и цӀыхуу езым зыкъезыта псоми фрагъусэу ӀыхьэфӀ къыфлъагъэӀэсынуи ялъокӀ.


Ауэ цӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лым, зинэ щӀэным, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, лъым пэӀэщӀэ защӀыну, езыхэм къращӀэну зыхуэмейр нэгъуэщӀхэм ирамыщӀэнуи дэ яхуэттхын хуейщ;


– Тхьэр зыхуейр зылэжьыну хуейм зэхищӀыкӀынущ цӀыхухэм сэ езгъащӀэ псалъэхэр Тхьэм къыбгъэдэкӀми сэ къызбгъэдэкӀми.


Фэ фщыщу зыри зинэ зыщӀэ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу, е Эсау хуэдэу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу. Эсау къуэ нэхъыжьым иӀэу щыта хуитыныгъэхэр шхыныгъуэ закъуэм щхьэкӀэ ищэжащ.


Мыщыпкъагъэ псори, зинэ псори, гъэпцӀагъэ псори, нэпсеягъэ псори, бзаджагъэ псори ягухэм ярыз хъуащ. Фыгъуэныр, цӀыху укӀыныр, зэщыхьэныр, пцӀы упсыныр, лъагъу мыхъуныр я гум илъ зэпытщ.


Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз, зинэ имыщӀауэ изыгъэкӀыж дэтхэнэми фызым зинэ иригъэщӀауэ мэхъу (фызыр аргуэру дэкӀуэжмэ). Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ