Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 4:1
44 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.


Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.


Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.


ФӀы фщӀэнри зыщывмыгъэгъупщэ, фиӀэр нэгъуэщӀ цӀыхухэм ядэвгуэшынри зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэ къурмэныпхъэхэр Тхьэм и гуапэщи.


Тхьэм сызэрелъэӀур щӀэныгъэрэ зэхэщӀыкӀ псомрэ ящӀыгъуу, фӀылъагъуныгъэ нэхъ куэд зэпымыууэ фиӀэну арщ.


Дэ фэ фӀыуэ фызэрытлъагъум хуэдэу, Зиусхьэным нэхъыфӀыжу зэпымыууэ фызэригъэлъагъужын, цӀыху псори зэпымыууэ фӀыуэ фигъэлъагъун ирехъу.


Зэдэжэным хыхьэм хуэдэу, саугъэтыр къэсхьын щхьэкӀэ, и кӀэм нэс сызэрыкӀуэным сыхущӀокъу. Саугъэт жыхуэсӀэр уафэм сыщыпсэунырщ, икӀи ар къэсхьын щхьэкӀэ Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджащ.


Тхьэм и унафэхэри езым Ӏуэху игъуэу илъытэхэри зэрыдлэжьым щхьэкӀэ дызыщӀэлъэӀур къыдет.


Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.


Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.


ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, фи деж зэрыщыхъуам хуэдэу, Зиусхьэным и хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм ялъэӀэсыну икӀи цӀыхухэм а хъыбарыфӀым щӀыхь хуащӀыну Тхьэм фелъэӀу.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумрэ абы деж дызэрыщызэхуэсынумрэ ятеухуауэ, ди къуэшхэ, мыбыкӀэ дыныволъэӀу:


Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,


Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкӀэр пеупщӀ абы; къызыпыкӀэ къудамэ дэтхэнэри еухъуэнщӀ, нэхъыбэ къыпыкӀэн щхьэкӀэ.


Аращи, пкъым дыхэлъми дыхэмылъми, Зиусхьэным и гум дызэрырихьыным и ужь дитщ.


Пэжщ, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэр Тхьэм и гум ирихьыркъым.


Си къуэшхэ, къызэрывгурызгъаӀуэ псалъэхэр фщтэнкӀэ сыныволъэӀу. Куэдыщэ ныфхуэстхакъым.


ЦӀыхум фӀэщхъуныгъэ имыӀэмэ, Тхьэм игу ирихьынукъым; Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуей дэтхэнэми Тхьэр зэрыщыӀэмкӀи Тхьэм и гъуэгум лъыхъуэхэм я ӀыхьэфӀыр зэралъигъэсымкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэн хуейщи.


Аращи, фымыгупсысэу фымыпсэу, Зиусхьэныр зыхуейр зыгурывгъаӀуэ.


Ауэ Мэссихь и хъыбарыр фэзыгъэщӀа цӀыхухэм а хъыбарыр щӀывагъэщӀар аракъым.


ЗэрыжыфӀэмкӀэ сэ, Паул, фи пащхьэм сит щыхъукӀэ, сошынэ, ауэ сыфпэжыжьэ щыхъукӀэ, согушхуэ – сэ Мэссихь и гущабагъэрэ и ӀэсагъэкӀэ сыныволъэӀу.


Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.


ФэзгъэщӀа хъыбарыфӀыр фи гум къэзгъэкӀыжыну сыхуейщ. А хъыбарыфӀыр вдауэ, фи фӀэщу абы фытетщ.


Мы къыфхуэзгъэнэхуа Ӏуэхухэр езы Зиусхьэным къысхуигъэнэхуащ. Зиусхьэныр тепщэныгъэ зиӀэхэм щаӀэщӀыхьа жэщым щӀакхъуэр къищтэщ,


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зыхуей псори фэзгъэщӀэным еш сымыщӀэу сыщӀэкъуащ сэ.


Тхьэм и пащхьи, псэухэмрэ лӀахэмрэ хьэкум ятезыщӀыхьыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и пащхьи, Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумкӀи, абы тепщэныгъэу иӀэмкӀи быдэу унафэ ныпхузощӀ:


Тхьэм, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, Тхьэм къыхиха мелыӀычхэм я пащхьэм быдэу унафэ щыпхузощӀ, нэкъыфӀэщӀхэм зыкъевмыгъэгъапцӀэу, зыми уримытелъхьэу мы Ӏуэху псори гъэзащӀэ.


Ди къуэшхэ, цӀыху гуэрым гуэныхь ищӀэмэ, фэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъхэм, гущабагъэкӀэ ар гъуэгу захуэм тевгъэхьэж. Гуэныхь щӀэным зэрызыдевмыгъэхьэхыным фыхуэсакъ.


Ди къуэшхэ, фэ къыфхуэлажьэу, Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ тепщэныгъэ къыфхузиӀэ цӀыхуу къывгурызыгъаӀуэхэм щӀыхь яхуэфщӀыну дыныволъэӀу.


Фэ, ди къуэшхэ, мыр вжыдоӀэ: фӀы щӀэным зевт, фемыщу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ