Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2-3 Тимофей фи деж нэдгъэкӀуащ. Ар ди къуэшщ, Тхьэм хуолажьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэтӀуэтэн ӀуэхумкӀэ къыддоӀэпыкъу. Ар фи деж ныщӀэдгъэкӀуар мы гузэвэгъуэхэм фэ фщыщ зыри гъуэгу захуэм трамыгъэкӀын щхьэкӀэ фигухэр игъэбыдэн икӀи фи фӀэщхъуныгъэм фытетыну фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэ гузэвэгъуэхэм даӀууэн хуейуэ зэрыщытыр фэ фощӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3:2
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абы сыщыгугъыу, мыбы сыкъызэрынэжынури, гуфӀэгъуэри щӀыгъуу фи фӀэщхъуныгъэр зэпымыууэ нэхъ быдэ хъун щхьэкӀэ, фи деж сызэрыщыӀэнури сощӀэ.


ТиткӀэ фыкъызэупщӀмэ, ар си гъусэу фхуолажьэ. Мы къуэшхэмкӀэ фыкъызэупщӀмэ, ахэр члисэ зэхуэсхэм я лӀыкӀуэу Мэссихь щӀыхь хуэзыщӀхэрщ.


Силуани, Тимофейи, сэри Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьу зи хъыбар фи деж щытӀуэтар зэми арауэ, зэми армырауэ щыткъым, атӀэ Хьисэ Мэссихьыращ Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей си гъусэу фэ, Тхьэм и члисэ зэхуэсэу Коринф къалэм щыӀэм щыщхэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ахаие хэку псоми щыпсэухэмрэ, мы тхылъыр ныфхузотх.


Си лэжьэгъу Тимофей, си унэкъуэщу Луций, Иасон, Сосипатер сымэ фӀэхъус къывахыж.


Апхуэдэу, члисэ зэхуэсхэм щыщхэм фӀэщхъуныгъэшхуэ яӀэ нэхъ хъуурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм махуэ къэси хэхъуэрт.


Паул Дервие къалэм, итӀанэ Листрэ къалэм нэсащ иужькӀэ. Тимофей и цӀэу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ лӀы гуэр абы дэсащ. Абы и анэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ журтт, и адэр алыджт.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀыху лъапӀэ псори и гъусэу мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀэ Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фиувэн щхьэкӀэ, фи гур ирегъэбыдэ.


Епафрасу фи цӀыхухэм ящыщу Хьисэ Мэссихь хуэлажьэм фӀэхъус къывехыж. Ар Тхьэм пэжкӀэ фхуелъэӀу зэпытщ, Тхьэм и гъуэгум быдэу фытригъэтын, сыт и лъэныкъуэкӀи езыр зыхуей Ӏуэху псори зыхуэдэр нэсауэ къывгуригъэӀуэн папщӀэ.


Абы и гъусэу узыщыгугъ хъуну икӀи фӀыуэ тлъагъу ди къуэш Онисим нызогъакӀуэ. Ар фи цӀыхухэм ящыщщ. А тӀум мыбы щекӀуэкӀ Ӏуэху псори фагъэщӀэнущ.


ФӀыуэ тлъагъу, къыддэлажьэ Епафрас хъыбарыфӀыр фигъэщӀащ. Абы и фӀагъ къывигъэкӀыурэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ хуолажьэ.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Хьисэ Мэссихь и апостол сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей си гъусэу,


гузэгъэгъуэ згъуэтакъым, си къуэш Тит абы щызгъуэтэкъыми. Арати, къуэшхэм я Ӏэхэр субыдыжри, Македоние хэкум сыкӀуэну гъуэгум сытехьэжащ.


Абы щхьэкӀэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу, узыщыгугъ хъун Тимофейуэ си щӀалэ лъапӀэм хуэдэр ныфхузогъакӀуэ. Члисэ зэхуэс псоми зэрезгъащӀэм тету, Мэссихь и гъуэгу сытету сызэрызекӀуэр Тимофей фи гум къигъэкӀыжынущ.


Силэрэ Тимофейрэ Македоние хэкум къыщикӀым, Паул гурэ псэкӀэ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, Хьисэ зэры-Мэссихьым* журтхэм я пащхьэм щыхьэт щытехъуэрт.


Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам тету, акъылыфӀагъэ зиӀэ ухуакӀуэм хуэдэу, а унэм лъабжьэ хуэзгъэуващ. НэгъуэщӀ гуэрым а лъабжьэм унэ трещӀыхь. Ауэ дэтхэнэ зыри а лъабжьэм унэ зэрытрищӀыхь щӀыкӀэм фӀыуэ иреплъ.


Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну Троадэ къалэм сыщыкӀуэм, Зиусхьэным зы бжэ къысхузэӀуихауэ щытми,


Аращи, нэхъыбэ схуэмыхьыжу, фи фӀэщхъуныгъэр зыхуэдэр зэзгъэщӀэн щхьэкӀэ Тимофейр фи деж нэзгъэкӀуащ. ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэщӀэну и ужь ит шейтӀаным зыгуэркӀэ фыдихьэхыу, ди Ӏуэхур пщӀэншэ хъуакӀэ сышынат.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ