Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Дэ фэ фӀыуэ фызэрытлъагъум хуэдэу, Зиусхьэным нэхъыфӀыжу зэпымыууэ фызэригъэлъагъужын, цӀыху псори зэпымыууэ фӀыуэ фигъэлъагъун ирехъу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3:12
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм сызэрелъэӀур щӀэныгъэрэ зэхэщӀыкӀ псомрэ ящӀыгъуу, фӀылъагъуныгъэ нэхъ куэд зэпымыууэ фиӀэну арщ.


ЕтӀуанэ унафэри апхуэдэщ: «Уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу».


Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ премыувыж хэти. Ауэ фэ фӀы зэрызэхуэфщӀэным фыхущӀэкъу, цӀыху псоми фӀы зэрахуэфщӀэнми сыт щыгъуи и ужь фит.


ФӀыуэ фызэрылъагъуным и щӀыхуэм нэмыщӀ, зым и щӀыхуи зытевмыгъэлъ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гъунэгъур фӀыуэ зылъагъум Торэт хабзэр егъэзащӀэ.


Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.


Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.


АпхуэдизкӀэ фӀыуэ фытлъэгъуати, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэтӀуэтэн къудейр аркъым дызыхуеяр, атӀэ ди псэр фхуэттынуи дыхуеящ. АпхуэдизкӀэ фӀыуэ фытлъэгъуащ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зэкъуэшыныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зэкъуэшыныгъэр фӀылъагъуныгъэкӀэ вгъэбагъуэ.


Аращи, цӀыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт сыт щӀыгъуи. Аращ Торэт хабзэми бегъымбархэм ятхахэми къарыкӀыр узыхуаущийр.


Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.


Сыт хуэдэ ӀуэхуфӀри тыгъэ пэжри уафэм къох, уафэм щыӀэ нэхухэм я Адэ лъапӀэм къыбгъэдокӀ. Зэблэу жьауэхэм хуэдэу, абы зрихъуэжыркъым.


ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.


– ФӀэщхъуныгъэу диӀэм къытхухэгъахъуэ, – къыжраӀащ апостолхэм Зиусхьэным.


Санэпс зэрыт Ӏэгубжьэр Зиусхьэным хуэсӀэтынщ сыкъызэрыригъэлам папщӀэ.


Жыласэм жылэ езыту, ишхын щӀакхъуи езыт Тхьэм фэри жылэ къывитынурэ фхуигъэбэгъуэнущ. Фи щыпкъагъэм фӀыуэ къыпэкӀуэри игъэбэгъуэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ