Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Ди къуэшхэ, куэду дызэрылажьэу щытари, гугъуехь ттелъу дылажьэу зэрыщытари фи гум къэвгъэкӀыж. Фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр щыфхуэтӀуатэм, жэщи махуи дылэжьащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:9
35 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Македонием къикӀыу къэкӀуа къуэшхэм сызыхуэныкъуэр къысхуащӀащ. Хьэлъэ сызэрыфтемыхъуэным сыт и лъэныкъуэкӀи сыхэтащ икӀи сыхэтынущ.


Я ӀэщӀагъэр зэрызэхуэдэм щхьэкӀэ Паул абыхэм я деж щыӀэу ядэлажьэрт. Абыхэм я ӀэщӀагъэр шэтыр щӀынырт.


Си адэжьхэм хуэдэу, сигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызыхуэлажьэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ. Тхьэм селъэӀуу, жэщи махуи зэпымыууэ уи гугъу сщӀыуэ, Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.


Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэр Тхьэм щогугъ, Тхьэр къыдэӀэпыкъуну жэщи махуи зэпымыууэ йолъэӀу.


Гугъу зедгъэхьурэ куэду дыщӀэлажьэр цӀыху псори, псом япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, мыкӀуэду къезыгъэл Тхьэуэ гъащӀэ зиӀэм дызэрыщыгугъыр арщ.


Фэрами нэгъуэщӀхэрами, цӀыхухэм щӀыхь зыхуедгъэщӀыну дыхэтакъым.


Абы щыгъуэ сыт си ӀыхьэфӀыр? Си ӀыхьэфӀыр мыращ: ХъыбарыфӀым сыхуэлажьэурэ, уаси къыпэмыкӀуэу цӀыхухэм ар зэрахуэсӀуатэр арщ, си хуитыныгъэр къэзмыгъэсэбэпу.


Апхуэдэ хуитыныгъэр сэ къэзгъэсэбэпакъым, а хуитыныгъэри згъуэтын щхьэкӀэкъым мыр щӀэстхыр. Сызэрыпагэ Ӏуэхур зыгуэрым игъэкӀуэдыным нэхърэ, лӀэныгъэр нэхъ къызощтэ.


Аращи, фымыжей, фысакъ! Нэпс щӀэзгъэкӀыурэ жэщ, махуэ жызмыӀэу, фэ фщыщ дэтхэнэми илъэсищкӀэ зэпымыууэ къызэрыгурызгъэӀуар зыщывмыгъэгъупщэ.


Фытлъагъужынуи фи фӀэщхъуныгъэм и щыщӀагъэхэр иридгъэкъужынуи жэщи махуи дигурэ ди псэкӀэ Тхьэм долъэӀу.


Фэ зэрыфщӀэщи, Филиппи къалэм дыщыщыӀам, цӀыхухэм гугъуехь куэд дагъэшэчу, къытхуэхъущӀэу, фи деж цӀыху куэд къыщытпэуву щытами, Тхьэм дигъэгушхуэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэтӀуэтащ.


Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.


Фессалоникэ къалэм сыщыщыӀам, сызыхуэныкъуэр зыкъомрэ фи лӀыкӀуэхэм къысхуевгъэхьащ.


даубэрэжьми, лъэхъуэщым дыщӀадзауэ дыщӀэсми, хьэлэбэлыкъышхуэ дыхэхуэми, дешми, жей дыхуэныкъуэми, дымэжалӀэми;


Ди ӀэкӀэ дылажьэурэ, гугъу зыдогъэхь дэ. ЦӀыхухэр къыщытхуэшхыдэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ» яжыдоӀэж. ЦӀыхухэм гугъу дыщрагъэхькӀэ, зыхудогъэщэч.


Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъащӀэурэ, дин пашэ Ӏуэху солэжь. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щӀезгъащӀэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хамэ лъэпкъхэм я гур зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀэ ахэр Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэм хуэдэу хъуну папщӀэкӀэщ.


Сэ сы-Паулщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ. Мэссихь и апостол сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну сигъэуващ.


Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну?


И лӀыр лӀэри, и ныбжьыр илъэс ищӀрэ плӀым нэсыху фызабэу щытащ ар. Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэмыкӀыу, нэщӀ ису, Тхьэ елъэӀуу, жэщи махуи Тхьэм хуэлажьэу щытащ.


Эзрак и къуэ Этан иуса уэрэд


Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и псалъэхэр захуэщ. Абы и Ӏуэху псоми щыпкъагъэ хэлъщ.


Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.


Дэри дышхэну икӀи дефэну дыхуимыту ара?


Куэду сызэрылэжьам сригъэшащ, сымыжейуэ жэщ куэд згъэкӀуащ; сымэжэлӀащ, псыи сыхуэлӀащ, шхын щызмыгъуэт куэдрэ къысхуихуащ; дунейр щыщӀыӀэми, ирикъуну зыщыстӀэгъэн симыӀэу сыщытащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ