Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Фэ зэрыфщӀэщи, Филиппи къалэм дыщыщыӀам, цӀыхухэм гугъуехь куэд дагъэшэчу, къытхуэхъущӀэу, фи деж цӀыху куэд къыщытпэуву щытами, Тхьэм дигъэгушхуэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэтӀуэтащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:2
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Журт пашэхэм Петррэ Иуанрэ яӀэ гукъыдэжыр щалъагъум, ахэр щӀэныгъэ зимыӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀыу зэрыщытми гу щылъатэм, ягъэщӀэгъуащ, Хьисэ зэригъусари къащӀащ.


Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.


– Рим цӀыхухэм дащыщ пэтми, хьэкум къыттрамыщӀыхьу цӀыхухэм ялъагъуу щӀопщкӀэ къыдэуэри, лъэхъуэщым дыщӀадзащ, – яжриӀащ Паул. – Щэхуу даутӀыпщыжыну ара иджы? Хьэуэ, ар хъунукъым, езыхэр кърекӀуи, дыщӀрешыж!


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр къызэрыфлъэдгъэӀэсар псалъэ къудейкъым, атӀэ къарукӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хъыбарыфӀыр къыфлъэдгъэӀэсащ, нэгъэсауэ ар фи фӀэщ дгъэхъуащ. Дыщыфхэтым, ди фӀагъ фэдгъэкӀыу дызэрыфхущытар фощӀэ.


Фэр щхьэкӀи, Лаодикие къалэм дэсу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щхьэкӀи, си напэр зымылъэгъуа псом щхьэкӀи хуабжьу сызэрылажьэр фэзгъэщӀэну сыхуейщ.


Паул журтхэмрэ Тхьэр зыгъэлъапӀэхэмрэ синэгуэгум щепсалъэрт, зэхуэсыпӀэм щызэӀущӀэхэми махуэ къэси щедауэрт.


Паулрэ Варнавэрэ, Зиусхьэным и хъыбарыр тегушхуауэ цӀыхухэм хуаӀуатэурэ, а къалэм куэдрэ зыщаӀэжьащ. Зиусхьэным и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт техъуэурэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри къагъэлъэгъуэну, Ӏуэху телъыджэхэри ялэжьыну Паулрэ Варнавэрэ лъэкӀыныгъэ яритащ.


Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэр абыхэм Хьисэ и цӀэкӀэ къекъуэншэкӀыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкӀэ гуфӀэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщӀэкӀыжащ.


Тхьэм елъэӀуа нэужь, ахэр щызэхуэса щӀыпӀэм щӀыр щыхъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр псоми я гум хуабжьу хыхьауэ, гушхуэныгъэшхуэ яхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэрт абыхэм.


Дэ Ӏуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыӀуэтэжу хъунукъым.


ФӀыуэ слъагъухэ, фэри дэри дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлам теухуауэ куэд ныфхуэстхыну сыхуеящ. Ауэ Тхьэм езым и цӀыху лъапӀэхэм я ӀэмыщӀэм кърилъхьа фӀэщхъуныгъэм быдэу фытетыну сынывэлъэӀун щхьэкӀэ, итӀанэ нэхъ иужькӀэ ныфхуэстхын хуейуэ къэслъытащ.


Паул синэгуэгум щӀыхьэри, тегушхуауэ цӀыхухэм едауэурэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыр я фӀэщ ищӀу мазищкӀэ яхуиӀуэтащ.


Абы дыдэкӀри, Филиппи къалэм дыкӀуащ итӀанэ. Ар Македоние хэкум хыхьэу а лъэныкъуэм щыӀэ къалэхэм я нэхъ инт. А къалэр зыухуар Рим къэралыгъуэшхуэм и цӀыхухэращ. А къалэм махуэ бжыгъэкӀэ дыщыӀащ.


Хамэ лъэпкъ щыщхэри, журтхэри, абыхэм я пашэхэри я гъусэу, зэгурыӀуэри, мурад ящӀащ Паулрэ Варнавэрэ хьэкӀэкхъуэкӀагъэ къращӀэну, мывэкӀэ къеуэури къаукӀыну.


Зыщыгугъ ахъшэ къэкӀуапӀэр зэрамыӀэжыр хъыджэбзым и тепщэхэм щалъагъум, Паулрэ Силэрэ яубыдри, тепщэныгъэ зиӀэхэм я пащхьэм къалэ утым щралъэфащ.


Паулрэ и гъусэхэмрэ Амфипол, Аполлоние къалэхэм къаблэкӀри Фессалоникэ къалэм къэкӀуащ. Журтхэм абы синэгуэгу щаӀащ.


Сэ сы-Паулщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ. Мэссихь и апостол сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну сигъэуващ.


Аращи, апхуэдэ гугъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ гушхуэныгъэ тхэлъу допсалъэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ