18 Фи деж дынэкӀуэну дыхуеящ. Сэ, Паулыр, зыбжанэрэ сынэкӀуэну сыхэтащ, ауэ шейтӀаным ар къыдигъэхъулӀакъым.
Аращ, фи деж сынэкӀуэну и ужь куэдрэ сита пэтми, къыщӀызэмыхъулӀар.
Фи деж сынэкӀуэну куэдрэ си гум илъу зэрыщытар фщӀэн хуейщ, си къуэшхэ, ауэ иджыри къэс Ӏуэху гуэр къыслъыкъуэкӀыурэ къекӀуэкӀащ. НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я деж фӀыгъуэ къызыхэкӀ Ӏуэху зэрыщысщӀам хуэдэу, фи дежи Ӏуэху щызлэжыну сыхуейщ.
Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.
– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».
Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.
итӀани фӀылъагъуныгъэкӀэ сынолъэӀумэ нэхъ къызощтэ. Сэ, Паул, лӀыжьыр, Хьисэ Мэссихь зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым щӀадзауэ щӀэсыр,
Фессалоникэ къалэм сыщыщыӀам, сызыхуэныкъуэр зыкъомрэ фи лӀыкӀуэхэм къысхуевгъэхьащ.
Сэ, Паул, си ӀэкӀэ мы фӀэхъус псалъэр ныфхузотх. Мыращ ныфхуэстхыр:
Сэ, Паул, си ӀэкӀэ си фӀэхъусыр фызох.