Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Зиусхьэну Хьисэрэ бегъымбархэмрэ журтхэм яукӀащ, дэри гугъуехь дагъэшэчащ. Ахэр Тхьэм и гум дэмыхьэ цӀыхущ, цӀыху псоми я бийщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:15
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фытхъэ, хуабжьу фыгуфӀэ, Тхьэм уафэм ӀыхьэфӀу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкӀэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу.


Фэ фи адэжьхэм кърамыхуэкӀа бегъымбар щыӀа? Щыпкъагъэ ЗиӀэр дунейм къызэрытехьэнур цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэри яукӀащ. Фэри тепщэныгъэ зиӀэхэм ар евгъэубыдри, евгъэукӀащ.


Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ.


ГъащӀэ пэжыр цӀыхухэм езытыр фыукӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэ а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.


Дин пашэшхуэхэмрэ Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэхэмрэ укӀ трырагъэлъхьэн щхьэкӀэ, ар Пилат Ӏэтащхьэм ӀэщӀагъыхьэри, жорым ирырагъэӀулӀащ.


– Абы и лъыр дэри ди бынхэми къыттрырехуэ! – жаӀащ цӀыху псоми.


– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр сэ зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.


Ауэ абыхэм я нэхъыбэр Тхьэм игу ирихьыртэкъым. Абы къыхэкӀкӀэ, губгъуэ нэщӀым икӀуэдащ.


Ар журтхэм яфӀэфӀ зэрыхъуар щилъагъум, Ирод и зауэлӀхэм Петри яригъэубыдащ. Ар къыщыхъуар ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэращ.


– Ди адэжьхэм я Тхьэм Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Ар фэ пкъом ефӀулӀри вгъэлӀащ.


фэри Израил лъэпкъми зэрыщыту мыр зэвгъащӀэ: Назарет щыщ Хьисэ Мэссихь и цӀэм и къарурщ мы цӀыхур зыгъэхъужар, абы и фӀыгъэкӀэщ ар фи пащхьэ зэритыр. Хьисэ фэ жорым ефӀулӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.


Гъуэгум куэдрэ сытетащ. Псыхэм сащызэпрыкӀым, шынагъуэм сыхэтащ, хъунщӀакӀуэхэми сахуэзэу, си лъэпкъ щыщхэми сащӀыгъуу, хамэ лъэпкъ щыщхэми сащӀыгъуу, шынагъуэм сыхэтащ; къалэхэми сыдэсу, губгъуэ нэщӀхэми ситу, хыми сытету шынагъуэм сыхэхуащ; къуэш нэпцӀхэми сахэту, шынагъуэм сыхуэхуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ