Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Зыми дызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀи щыпкъагъэкӀи фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, дыфхэту зэрыщытамкӀэ фыдищыхьэтщ, Тхьэри ди щыхьэтщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 2:10
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ фи ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэм хэгъэзыхькӀэ тепщэныгъэ яхувиӀэу фадэмыгъуэгурыкӀуэ, атӀэ абыхэм щапхъэ фахуэхъун щхьэкӀэ, фӀы влэжь.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр къызэрыфлъэдгъэӀэсар псалъэ къудейкъым, атӀэ къарукӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хъыбарыфӀыр къыфлъэдгъэӀэсащ, нэгъэсауэ ар фи фӀэщ дгъэхъуащ. Дыщыфхэтым, ди фӀагъ фэдгъэкӀыу дызэрыфхущытар фощӀэ.


Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым.


Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ Ӏуэхухэр, си псэукӀэр, си мурадыр, си фӀэщхъуныгъэр, си шыӀэныгъэр, си фӀылъагъуныгъэр, си теубыдагъэр уощӀэ.


Ахэр къыщыкӀуэм, Паул яжриӀащ: – Япэ махуэм къыщыщӀэдзауэ Асие хэкум сыкъызэрихьэрэ, фи деж щызгъэкӀуа зэман псоми си псэукӀэр зыхуэдэу щытар фэ фощӀэ.


Уи ныбжьыщӀагъэм щхьэкӀэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкӀэ, псэукӀэмкӀэ, фӀылъагъуныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэмкӀэ, гукъабзагъэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щапхъэ яхуэхъу.


Фэр-фэру фощӀэ ди лъэужьым фызэрырикӀуэн хуейр. Фи деж дыщыщыӀам, дымылажьэу дыщысакъым.


ГъафӀэбзэ нэпцӀкӀэ дызэрыфхущымытар фощӀэ, фи фӀагъ зэдгъэкӀыну гъэпщкӀуауэ муради диӀакъым. АбыкӀэ Тхьэр ди щыхьэтщ.


Сыт апхуэдэу щӀэсщӀыр? ФӀыуэ фызмылъагъуу ара? Хьэуэ, фӀыуэ фызэрыслъагъур Тхьэм ещӀэ.


Фи гур къытхузэӀуфх: Зыми ди ягъэ едгъэкӀакъым, зыри дгъэунэхъуакъым, зыми фейдэ къыпытхыну дыхэтакъым.


Аращи, Тхьэми цӀыхухэми я дежкӀэ гукъабзагъэкӀэ, мыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызэрыпсэуным сыт щыгъуи сыхущӀокъу.


Аращи, зы цӀыхум илъ къызэрыстемыхуэнур нобэ шэч къытезмыхьэжу нывжызоӀэ;


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэу мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейм пцӀы зэрызмыупсыр ещӀэ.


Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ ди гум илъыныр зыхуэдэр дощӀэри, цӀыхухэр абы и гъуэгум тедгъэхьэну дыхэтщ. Ди гум илъыр ТхьэмкӀэ нахуэщ, фэри фигукӀэ ди гум илъыр фщӀэуэ сыфщогугъ.


ЕмыкӀу зыхэлъ Ӏуэху щэхухэм захуэдгъазэркъым. Хьилагъэ дыхэткъым. Тхьэм и псалъэхэри зэӀыдгъэхьэркъым. Щыпкъагъэр ягурыдгъаӀуэурэ цӀыху псоми ягу дызэрырихьыным Тхьэм и пащхьэм дыщыхэтщ.


Дэ тхуэфащэщи, дагъэпшыныж. ЩӀэпхъаджагъэу тщӀахэм яхуэфащэр дагъэгъуэтыж. Ауэ мы лӀым мыхъуну зыри ищӀакъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ