Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 1:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Зиусхьэным теухуа хъыбарыфӀыр фи деж икӀыурэ здынэсар Македоние, Ахаие хэкухэм я закъуэкъым, атӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам и хъыбарыр цӀыхухэм дэнэкӀи щащӀэ хъуащ. Аращи, а Ӏуэхум теухуауэ абы нэхърэ нэхъыбэ цӀыхухэм щӀажетӀэн щыӀэкъым,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 1:8
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Псом япэрауэ, фи фӀэщхъуныгъэм и хъыбарыр дунейм дэнэкӀи цӀыхухэм зэрыщаӀуатэм щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фэ псоми папщӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ,


НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм щызелъатэу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. Дунейм тет цӀыху псоми, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми яхуиӀуэтэну Тхьэм и хъыбарыфӀу мыкӀуэдыжынур а мелыӀычым къихьырт.


ЦӀыху псори Димитрий фӀыкӀэ щыхьэт хуохъу, езы щыпкъагъэри фӀыкӀэ абы щыхьэт къыхуохъу. Дэри фӀыкӀэ щыхьэт дыхуохъу, ди щыхьэтыгъэри зэрыпэжыр уэ уощӀэ.


Аращи, цӀыхухэм сыт хуэдиз гугъуехь фагъэшэчми, сыт хуэдиз гузэвэгъуэ фыхэтми, теубыдагъэрэ фӀэщхъуныгъэрэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и члисэ зэущӀэхэм и пащхьэм дыщыфщотхъу.


ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, фи деж зэрыщыхъуам хуэдэу, Зиусхьэным и хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм ялъэӀэсыну икӀи цӀыхухэм а хъыбарыфӀым щӀыхь хуащӀыну Тхьэм фелъэӀу.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.


ХъыбарыфӀым фызэредаӀуэм и гугъу цӀыху псоми зэхахащ. Сэ сыфщогуфӀыкӀ, ауэ фӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀынуи, бзаджагъэ лъэпкъ фи щхьэм къимыхьэнуи сыхуейщ.


Мэссихь Тхьэм дызэрыщигъэгугъым щхьэкӀэ апхуэдэу жыдоӀэ.


Тхьэм и псалъэхэр фэра къызыбгъэдэкӀар, жызоӀэ? Е а псалъэхэр зылъэӀэсар фи закъуэ?


Галлион зи цӀэр Ахаие хэкум и Ӏэтащхьэ щыхъум, журтхэр зэгъусэ хъущ, Паул тезэрыгуэри, хеящӀэм и пащхьэм ирашащ.


Македоние, Ахаие хэкухэм щыпсэууэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ящыщ тхьэмыщкӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ, ахъшэ зэхадзэну я гуапэу мурад ящӀащ.


ЩӀыхьышхуэр зейр Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм текӀуэныгъэр къыдигъэхь зэпытщ, Мэссихь теухуа хъыбару мэ гуакӀум хуэдэр цӀыхухэм дэнэкӀи яхурегъэхь дэ тщӀэ ӀуэхумкӀэ.


Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.


ЦӀыхухъухэр дэнэ щӀыпӀэ щыӀэми, Тхьэм елъэӀуну сыхуейщ, гукъабзагъэкӀэ я Ӏэхэр яӀэтурэ, мыгубжьу, ягуми ТхьэмкӀэ шэч ямыщӀу.


гугъуехь зыхуэсшэчу, бзаджащӀэм хуэдэу Ӏэпхлъэпх къысщӀралъхьар. Ауэ Тхьэм и псалъэхэм Ӏэпхлъэпх иралъхьэн ялъэкӀынукъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ