Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 1:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Сэ сы-Паулщ. Силуанрэ Тимофейрэ си гъусэу, фэ, Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ зейуэ, Фессалоникэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 1:1
30 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Сэ сы-Паулщ. Фэ, Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ зейуэ, Фессалоникэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм, Силуанрэ Тимофейрэ си гъусэу мы тхылъыр ныфхузотх.


Паул и гъусэхэр мыхэрат: Верие къалэм щыщ Пирр и къуэ Сосипатер; Фессалоникэ къалэм щыщ Аристархрэ Секундрэ; Дервие къалэм щыщ Гай; Тимофей; Асие хэкум щыщ Тихикрэ Трофимрэ.


Силэрэ Тимофейрэ Македоние хэкум къыщикӀым, Паул гурэ псэкӀэ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, Хьисэ зэры-Мэссихьым* журтхэм я пащхьэм щыхьэт щытехъуэрт.


Сэ сы-Иудэщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, Екъуб срикъуэшщ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэм и бынхэм ящыщ хъуну хуриджауэ, зигу игъэкъабзэу, Хьисэ Мэссихь къихъумэхэм мы тхылъыр ныфхузотх.


Къуэш пэжу слъытэ Силуан къыздэӀэпыкъуурэ мы мащӀэр ныфхузотх. НыщӀэстхыр фи фӀэщ сщӀыну, къывгурызгъэӀуэну икӀи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуауэ сэ нэстхар зэрыпэжым щыхьэт сытехъуэну аращ. Гъуэгу щыпкъэм фытемыкӀ, Тхьэм и нэфӀым зыхэвмыгъэн.


Силуани, Тимофейи, сэри Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьу зи хъыбар фи деж щытӀуэтар зэми арауэ, зэми армырауэ щыткъым, атӀэ Хьисэ Мэссихьыращ Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр.


Паул и дэӀэпыкъуэгъухэм ящыщу Тимофейрэ Ерастрэ Македоние хэкум нэхъапэ игъэкӀуащ. Езым Асие хэкум тӀэкӀурэ зыщиӀэжьащ.


Фессалоникэ дэсхэм нэхърэ, Верие дэсхэм щыпкъагъэ нэхъ яхэлът. Тхьэм и псалъэхэм я гуапэу еувэлӀащ. Паул жиӀахэр Тхьэм и псалъэу тхахэм техуэрэ темыхуэрэ зэхагъэкӀын щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм махуэ къэси хэплъэрт.


Ди къуэш Тимофей щхьэхуиту къызэраутӀыпщыжар фщӀэну сыхуейщ. Мыгувэу къакӀуэмэ, абы сригъусэу фыслъагъуну сынэкӀуэнущ.


Уэ, фӀыуэ слъагъу си къуэ Тимофейм, мы тхылъыр ныпхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэн Мэссихь Хьисэрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.


Уэ, Тимофей, фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм щхьэкӀэ, си къуэ пэжым хуэдэ хъуам, мы тхылъыр ныпхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэнымрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Хьисэ Мэссихь и апостол сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей си гъусэу,


Сэ сы-Паулщ. Тимофейрэ сэрэ Хьисэ Мэссихь дыхуолажьэ. Тимофей си гъусэу фэ, Филиппи къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, фи члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэхэм, и дэӀэпыкъуэгъухэм фи гъусэу, мы тхылъыр ныфхузотх.


Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Мэссихь и члисэ зэхуэсу Иудей хэкум щыӀэхэм си нэкӀу ялъэгъуатэкъыми, сацӀыхуртэкъым.


Сэри сэ си гъусэ къуэш псоми Галатие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус фыдох.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей си гъусэу фэ, Тхьэм и члисэ зэхуэсэу Коринф къалэм щыӀэм щыщхэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ахаие хэку псоми щыпсэухэмрэ, мы тхылъыр ныфхузотх.


Зыхуэстхыр Коринф къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщ цӀыхухэращ. Тхьэм Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщыну фигъэуващ, дэнэкӀи ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь елъэӀу цӀыху псоми фащӀыгъуу, абы и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуриджащ. Мэссихь абыхэми дэри ди Зиусхьэнщ.


Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм зыгуэрым уэздыгъэ нэху къригъэхьащ, лъэхъуэщым щӀэлъадэри, Паулрэ Силэрэ я лъабжьэм кӀэзызу зыщӀидзащ.


Паулрэ Силэрэ Тхьэм елъэӀуурэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр жаӀэу щӀадзащ жэщ ныкъуэм. Лъэхъуэщым щӀэс адрей цӀыхухэри къедаӀуэрт.


Зыщыгугъ ахъшэ къэкӀуапӀэр зэрамыӀэжыр хъыджэбзым и тепщэхэм щалъагъум, Паулрэ Силэрэ яубыдри, тепщэныгъэ зиӀэхэм я пащхьэм къалэ утым щралъэфащ.


Паул гъусэу Силэ къыхихащ. Къуэшхэм Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къащыхуэну елъэӀуа нэужь, ахэр гъуэгу техьащ.


Апхуэдэу Иудэрэ Силэрэ ныфхудогъакӀуэ. Дэ ттхар абыхэм я жьэкӀэ къывгурагъэӀуэнущ.


Гъусэ фыкъытхуэхъун щхьэкӀэ, дэ тлъэгъуам икӀи зэхэтхам и хъыбар фхудоӀуатэ. Благъэ дызыхуэхъуар Адэ лъапӀэмрэ Абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэщ.


Арати, члисэ зэхуэсым хэт псори я гъусэу, апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ мурад ящӀащ езыхэм я цӀыхухэм щыщу лӀы гуэрхэр къыхахыну, Паулрэ Варнавэрэ ящӀыгъуу Антиохие ягъэкӀуэн щхьэкӀэ. Къуэшхэм я унафэщӀхэм ящыщу ВарсавэкӀэ зэджэ Иудэрэ Силэрэ хахащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ