9 Апхуэдэу щыхъум, БоӀэз лъэпкъым и нэхъыжьхэми цӀыхубэми захуигъэзащ: «Нобэ фэ фыщыхьэтщ Елимэлэхи, Къилиуэни, Мэхълэни яйуэ щыта псори НэӀумий деж къызэрыщысщэхужым.
А лӀым зэреджэр Елимэлэхт, и щхьэгъусэм – НэӀумий, и къуитӀым – Мэхълэнрэ Къилиуэнрэ. Ахэр Бэтлъэхъем жылэм, Ехьудейм итым, дэс Ефрафэ лъэпкъым щыщт. Арати, ахэр МоӀэбей Ӏэпхъуауэ щыпсэурт.
Арати, унэкъуэщ щэхужакӀуэм, БоӀэз «Уэ езым къэщэхуж» жриӀэри, и вакъэ лъэныкъуэр лъихащ.
КъищынэмыщӀауэ, Мэхълэн къыщӀэна фызабэ Руфэ, МоӀэбей щыщыр, щхьэгъусэу къызошэ: дунейм ехыжам и щӀэиныр езым и щӀэблэм къылъысыжу, и къуэпсыр лъэпкъым хэмыкӀуэдыкӀыжын, и цӀэри и Ӏыхьлыхэм ящымыгъупщэжу, жылэм и тхыдэм къыхэнэн щхьэкӀэ. А псом фэ нобэ фрищыхьэтщ!»