2 А лӀым зэреджэр Елимэлэхт, и щхьэгъусэм – НэӀумий, и къуитӀым – Мэхълэнрэ Къилиуэнрэ. Ахэр Бэтлъэхъем жылэм, Ехьудейм итым, дэс Ефрафэ лъэпкъым щыщт. Арати, ахэр МоӀэбей Ӏэпхъуауэ щыпсэурт.
Куэд дэмыкӀыу, Елимэлэх, НэӀумий и лӀыр, дунейм ехыжри, ар и къуитӀым къабгъэдэнащ.
Мэхълэни Къилиуэни дунейм ехыжри, НэӀумий и щхьэгъусэри и къуитӀри имыӀэжу къэнащ.
НэӀумий зы благъэ гъунэгъу иӀэт, и щхьэгъусэмкӀэ къыгухьэу – Елимэлэх и унэкъуэщ, къулейуэ икӀи пщӀэ зыхуащӀ цӀыхуу. Абы зэреджэр БоӀэзт.
Апхуэдэу щыхъум, БоӀэз лъэпкъым и нэхъыжьхэми цӀыхубэми захуигъэзащ: «Нобэ фэ фыщыхьэтщ Елимэлэхи, Къилиуэни, Мэхълэни яйуэ щыта псори НэӀумий деж къызэрыщысщэхужым.