Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 5:30 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

30 Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ абыхэм я ӀупэфӀэгъу теурэт егъэджакӀуэхэмрэ, губгъэн хэлъу, Хьисэ и гъэсэнхэм мыпхуэдэу жраӀащ: – Тезыр ахъшэ къыхэзыххэмрэ гуэныхьлыхэмрэ фащӀыдефэр, фащӀыдэшхэр сыт?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

30 Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм губгъэн хэлъу жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт фащӀыдэшхэ-фащӀыдефэр?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 5:30
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ абы и унэм зэреблэгъар цӀыхухэм щалъагъум, ар яфӀэмыфӀ хъуауэ, псоми жаӀащ: – ЦӀыху гуэныхьщӀакӀуэм и унэ щхьэ еблэгъа Ар?


Ар щызэхахым, теурэт егъэджакӀуэхэми фарисейхэми ягукӀэ мыпхуэдэу жаӀащ: «Тхьэр зыгъэикӀэ мыр хэт хъуну? Тхьэм нэмыщӀ, хэт гуэныхьхэр зыгъэгъуну хуитыр?»


Махуэ гуэрым, Хьисэ цӀыхухэр здиущийм, Гэлилеймрэ Ехьудеймрэ я жылагъуэхэми Ерусэлими къикӀауэ теурэт егъэджакӀуэхэр, фарисейхэр Абы едаӀуэу щыст. Зиусхьэным и къаруушхуэу сымаджэхэр зыгъэхъужыр Хьисэ щӀыгъут.


Фарисейр увауэ, Тхьэм гукӀэ елъэӀурт: «Ди Тхьэ, цӀыху хъунщӀакӀуэхэм, бзаджащӀэхэм, зинэ зыщӀэхэм, е мыбдежым щыт тезыр ахъшэ къыхэзыхым сызэремыщхьым щхьэкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.


Хьисэ езыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ мыпхуэдэу жиӀащ: «Мыр бегъымбару щытатэмэ, къеӀусэ цӀыхубзыр зи щӀысыр, икӀи ар зэрыгуэныхьщӀакӀуэр ищӀэнт».


ЦӀыхум и Къуэр къыфхуэкӀуащи, йофэ икӀи йошхэ, ауэ Абы щхьэкӀи «мис ныбаблэр, ефэрейр, тезыр ахъшэ къыхэзыххэмрэ гуэныхьлыхэмрэ я ныбжьэгъур» жывоӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ