57 – Сэ Ар сцӀыхуркъым, цӀыхубз, – жиӀащ Питрэс.
57 – Хьэуэ, хъыджэбз, – жиӀащ Петр, – ар сэ сцӀыхуркъым.
Ауэ цӀыхухэм я пащхьэ иувэрэ къысхуэмейуэ, симыдэу къыжызыӀэм Сэри сызэрыхуэмейр, зэрызмыдар Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэ къыщыжысӀэнущ.
МафӀэм и нэхур къытридзэу здэщысым, унэӀут фыз гуэр набдзэгубдзаплъэу Питрэс къеплъри, жиӀащ: – Мыри Хьисэ и гъусащ.
Куэд дэмыкӀыу нэгъуэщӀ гуэрми гу къылъитэри, мыпхуэдэу къыжриӀащ Питрэс: – Уэри абыхэм уащыщщ. – Хьэуэ, сащыщкъым, – идакъым Питрэс.