Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 15:7 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

7 НывжызоӀэ, ещхьыркъабзэу, тобэ къыщӀахьыжын щхьэусыгъуэ зимыӀэ цӀыху щыпкъэ бгъущӀрэ бгъум елъытауэ, тобэ къэзыхьыж зы гуэныхьщӀакӀуэ закъуэм щхьэкӀэ уафэм щыӀэну гуфӀэгъуэр нэхъ инщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь хущӀегъуэжыным хуэмыныкъуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху бгъущӀрэ бгъум папщӀэ уафэм щыӀэну гуфӀэгъуэм нэхърэ зи гуэныхьхэм хущӀегъуэж гуэныхьыщӀэ закъуэм щхьэкӀэ уафэм нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ щыӀэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 15:7
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– ЦӀыху щыпкъэхэракъым, атӀэ гуэныхьлыхэрщ тобэ къэхьыжыным къыхуезджэну сакъызыхуэкӀуар.


НывжызоӀэ, ещхьыркъабзэу, Тхьэм и мелыӀычхэри мэгуфӀэ тобэ къэзыхьыж зы гуэныхьщӀакӀуэм щхьэкӀи.


Дымынэщхъейуэ дынэщхъыфӀэн, дыгуфӀэн хуейт иджыпсту, уи къуэшыр лӀати, къэпсэужащ, кӀуэдати, къэдгъуэтыжащ».


ЩыӀэщ цӀыху, сыткӀи зафӀэкъабзэу, фӀейм лъакъуащхьэкӀэ яутэу зэрыхэтыр ямыщӀэжу.


Ауэ Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху щыпкъэу адрейхэм закъыщывгъэхъу щхьэкӀэ, фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ. ЦӀыхухэм пщӀэ зыхуащӀ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ гущыкӀыгъуэщ.


Къуэ нэхъыжьым адэм мыпхуэдэу жриӀащ: «Сэ илъэс дапщэ хъуауэ сыпхуэлажьэми, зэи уи унафэ сыщӀэкӀакъым. ИтӀани зы чыцӀ къызэпту си ныбжьэгъухэмрэ сэрэ ди нэгу зедбгъэгъэужьакъым.


и унэм кӀуэжынущ, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къриджэнурэ, мыпхуэдэу яжриӀэнущ: «Си мэл кӀуэдар къэзгъуэтыжащи, фыкъакӀуи, фыкъыздэгуфӀэ!»


– Е цӀыхубз гуэрым дыжьын жьгъеипщӀ иӀэу жытӀэнщ. АтӀэ а дыжьынипщӀым щыщу абы зы фӀэкӀуэдмэ, уэздыгъэр пигъанэу набдзэгубдзаплъэу унэр къипхъэнкӀыурэ лъыхъуэнукъэ, дыжьыныр къигъуэтыжыху?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ