Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 1:32 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

32 Ар цӀыху щэджащэ хъунущ, Я Нэхъ Лъагэм и КъуэкӀэ еджэнущ Абы. И адэжь Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм къритынущ Абы.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 Ар цӀыхушхуэ хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и КъуэкӀэ еджэнущ. И адэшхуэ Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм абы къритынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 1:32
39 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Тхьэм и Псэр къыпхуехынурэ Я Нэхъ Лъагэм и къарур къыпщхьэщыувэнущ. Абы къыхэкӀкӀэ, къэплъхуну сабийр Тхьэм ейуэ щытынущ икӀи Тхьэм и КъуэкӀэ еджэнущ Абы.


Ауэ уэ, си щӀалэ, Я Нэхъ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгур хуэбгъэхьэзырыну, Абы япэ уиту цӀыхухэм уахыхьэнущи.


Ауэ фэ фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, фӀы яхуэфщӀэ икӀи щӀыхуэ ефт, къыватыжыну фыщымыгугъми. Абы щыгъуэ саугъэтышхуэ къыфлъысынущ икӀи Я Нэхъ Лъагэм и бын фыхъунущ, Тхьэр фӀыщӀэ зымыщӀхэми цӀыху ябгэхэми яхуэжумартщи.


– Сэ псыкӀэ фызоумэхъ, – яжриӀащ къедаӀуэхэм Яхья. – Ауэ сэ нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъ лъэщ си ужьым итщ. Абы и вакъэ лъэпсыр хуэстӀэтэну сэ схуэфащэкъым. Абы мафӀэкӀэ икӀи Тхьэм и ПсэмкӀэ фиумэхъынущ.


Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и пащхьэм цӀыху щэджащэу итынущ ар, сани нэгъуэщӀ фади ефэнукъым. И анэм и ныбэм щилъыну зэманым щыщӀэдзауэ, Тхьэм и Псэр и гум хыхьауэ щытынущ ар.


А пащтыхьыгъуэхэм я махуэхэм уафэр зыӀэщӀэлъ Тхьэм игъащӀэкӀи мыкъутэжыну, нэгъуэщӀ лъэпкъхэми яӀэщӀэмыхьэну пащтыхьыгъуэ иухуэнущ. Абы адрей пащтыхьыгъуэхэр зэхикъутэнурэ кӀэухыр къахуигъэкӀуэнущ, ауэ езыр игъащӀэкӀи щыӀэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ