3 Иджы, Зиусхьэн, си гъащӀэр сӀыхыж, сыпсэу нэхърэ сылӀэмэ нэхъыфӀщ.
Дагъэ лъапӀэ къыпщахуэ нэхърэ, уи цӀэ фӀыкӀэ къраӀуэныр нэхъыфӀщ, дунейм укъыщытехьа махуэм нэхърэ, ущытекӀыжри нэхъыфӀщ.
Дыгъэм зиӀэта нэужь, къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀыу жьы хуабей къригъэпщащ Тхьэм. Инус дыгъэ бзий гуащӀэм апхуэдизкӀэ къыхигъэзыхьат, и къарур щӀихати, ажал къыхуигъэкӀуэну елъэӀуащ. – Сыпсэу нэхърэ сылӀэмэ нэхъыфӀщ, – жиӀэри.
– Абы щхьэкӀэ укъэгубжь хъурэ-тӀэ? – жиӀэри, Зиусхьэныр Инус къеупщӀащ.
УхуэмыпӀащӀэ угубжьыну – губжьым тӀысыпӀэ ищӀыр делэм игуращ.