Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 99:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Зиусхьэным гуфӀэгъуэ макъыр хуэфӀэт, зэрыщӀыгуу!

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 99:1
30 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ къабзэщ, игъащӀэкӀэ щыӀэнущ ар. Зиусхьэным и хьэкумыр щыпкъагъэщ икӀи захуагъэщ.


«Си Ӏуащхьэ лъапӀэу Ционым тепщэныгъэр щиӀыгъыну си пащтыхьыр тезгъэуващ».


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Гъитит пшынэдыкъуакъуэкӀэ дежьууэ. Асаф и уэрэд


Тхьэуэ ди хъумакӀуэм уэрэд хужыфӀэ, фыгуфӀэурэ; Екъуб и Тхьэм макъ лъэщкӀэ щӀыхь хуэфщӀ.


абыхэм жаӀэ: «ДыкӀуэнщи, цӀыху лъэпкъым хэдгъэкӀуэдыкӀынщ, Израил и цӀэр игъащӀэкӀэ ягу къэмыкӀыжыну».


Уэ, Зиусхьэну цӀыхур зыгъэпшынэжым, Уэ, Тхьэуэ цӀыхум и гъэпшынакӀуэм, уи губжь къэгъэлъагъуэ!


Зиусхьэным фӀыуэ елъагъу ер зи жагъуэхэр! Езым и цӀыху лъапӀэхэм я псэр Абы къехъумэ, гуэныхь зылэжьхэм къыӀэщӀехыж.


Сыту жыпӀэмэ, Зиусхьэн, зэрыщӀыгуу Уэ уолъэгэкӀ, Тхьэ псоми ящхьэкӀэ ущыӀэщ.


ХужыфӀэ Зиусхьэным уэрэдыщӀэ; гъэщӀэгъуэныщэщ Абы и ӀэщӀагъэхэр. И Ӏэ ижьымрэ и лъэкӀыныгъэ лъапӀэмрэ текӀуэныгъэр Абы къыхудахащ.


ГуфӀэ макъыр хуэфӀэт Зиусхьэным, зэрыщӀыгуу; гуфӀэгъуэ уэрэди щӀыхь уэрэди хужыфӀэ.


Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жиӀащ: – Къэрал жыжьэ гуэрым кӀуэну мурад ищӀащ пщы гуэрым, езым и къэралым щхьэкӀэ а пащтыхьыгъуэр къиубыду къигъэзэжын гугъэр иӀэу.


Ауэ мы пщыр и къэралым ис цӀыхухэм фӀыуэ къалъагъуртэкъыми, «Мы лӀыр пащтыхь къытхуэхъуну дыхуейкъым», жрагъэӀэну, лӀыкӀуэхэр пщым и ужь иту а къэралым ягъэкӀуащ.


«Сэ пащтыхь сахуэхъуну хуэмея си бийхэр къафши, си пащхьэм деж щывукӀ иджы».


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, фи деж сыщыщыӀам, фыкъысхуэӀурыщӀэу фызэрыщытам хуэдэу, иджы, фи деж сыщыщымыӀэми, абы нэхърэ нэхъ куэдкӀэ фыкъысхуэӀурыщӀэн хуейщ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум илъу, фи гур къикӀэзызыкӀыу, фымыкӀуэду фыкъызэрелыным куэду и ужь фит,


«Уэ, лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэн Тхьэуэ, щыӀауэ, иджыри щыӀэм, щӀыхьышхуэр пхудощӀ, сыту жыпӀэмэ уи лъэкӀыныгъэшхуэр къэпщтауэ, тепщэныгъэшхуэр узэриӀэр къэбгъэлъэгъуащ.


Тахътэ хужь инымрэ абы тесымрэ слъэгъуащ итӀанэ. Тахътэм тесым и пащхьэм щӀылъэри уафэри щызэдэкӀуэдащ, щӀыпӀи къахуэнэжакъым.


ТхылъымпӀэ шыхьам хуэдэу уафэм зишыхьри, бзэхащ; бгы псори хытӀыгу псори я пӀэм икӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan