3 Я макъым заӀэт, Зиусхьэн, псыхэм я макъым заӀэт, псыхэм я уалъэ макъым заӀэт.
Абы щӀыхь хуэфщӀын папщӀэ фыкъафэ; уэрэд хужыфӀэ тимпанрэ пшынэдыкъуэкъуэкӀэ.
Сыт хуэдэ уахътыи щӀыхь хуэсщӀынщ Зиусхьэным; Абы и щӀыхьыр си бзэгу телъ зэпытынщ.
ИрекӀуэд псы блэжым хуэдэу; щашэшӀкӀэ зыпыщӀыкӀа шабзэшэм хуэдэ ирехъу.
ЯтеунащӀэ уи губжь Уэ абыхэм, уи губжьышхуэм и мафӀэм хегъэубыдэ ахэр.
Езыхэм ятӀа мащэм хамэ лъэпкъхэр ихуэжащ; щэхуу ягъэува хъым я лъакъуэхэр илъэхъэжащ.