8 Ауэ Зиусхьэныр и тахътэм тесынщ игъащӀэкӀэ; хьэкум ищӀэну и тахътэр къигъэуващ Абы.
Дауэ хъун Уэ ар пщӀэну, щыпкъагъэ зиӀэри зимыӀэри зэдэбгъэкӀуэдыну, щыпкъагъэ зимыӀэм къыщыщӀыр щыпкъагъэ зиӀэм къехъулӀэу; дауэ хъун Уэ ар къыббгъэдэкӀыу! ЩӀылъэ псом и хеящӀэм дауэ лей зэрихьэн?
«СылӀэмэ, и фӀагъыу сыт къокӀынур, хьэдрыхэ сыкӀуэмэ? Хьэдрыхэ сабэм уи щӀыхь жиӀэну? Щыпкъагъэу Уэ пхэлъыр абы залъригъэщӀэну?
Уэ зырщ, Уэ зыращ гуэныхь зэзлэжьылӀар, мыхъуну Уэ плъытэр сэ зэспэсыжащ, Уэ къыстеплъхьар захуагъэщ, сыт къысхуэжыпӀэми захуагъэщ, сыщыбгъэмысэкӀи ухейщ.
Зиусхьэну ди Тхьэм и щӀыхьыр фӀэт, Абы щхьэщэ щыхуэфщӀ и бгы лъапӀэм – лъапӀэщ Зиусхьэну ди Тхьэр!
Арэзыныгъэ фигу илъу, Абы и къалэбжэм, и пщӀантӀэхэм, щӀыхь хуэфщӀурэ, фыдыхьэ. ЩӀыхь хуэфщӀ Абы, Абы и цӀэр фӀэт!
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм зы махуэ игъэуващ. Езым къигъэлъэгъуа лӀым дунейм и цӀыху псоми хьэкум захуэ ятригъэщӀыхьынущ а махуэм. Апхуэдэу зэрыхъунур Тхьэм цӀыху псоми ягуригъэӀуащ а лӀыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжурэ.
А Ӏуэхур апхуэдэу зэрыщытыр нахуэ хъунущ сэ цӀыхухэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀым теухуауэ. Ар нахуэ щыхъунур Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм цӀыхухэм я гум илъ щэхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэрщ.