7 ЛъапсэкӀуэдыр къахуэбгъэкӀуащ бийхэм, я къалэхэр зэхэпкъутащ; зыми ягу къэмыкӀыжу кӀуэдащ.
Дыгъэ къуэкӀыпӀэр къухьэпӀэм зэрыпэжыжьэм хуэдэу, хабзэншагъэу тщӀахэр Абы тпэжыжьэ ещӀ;
Зэманхэр къигъэнэхуэну мазэр Уэ къэбгъэщӀащ; дыгъэр щыкъухьэнум щыгъуазэщ.
МыкӀуэдыж уи лъагъуныгъэр ди гущӀэм нэсу пщэдджыжьым къытлъэгъэӀэс, къэдгъащӀэ махуэ псоми я кӀуэцӀкӀэ дыгуфӀэну, гукъыдэж диӀэну.
Зиусхьэным жреӀэ: «Уэращ си хъумапӀэу, си щхьэегъэзыпӀэр, Уэращ си Тхьэу сызыщыгугъыр!»
Хьисэ Мэссихь дыгъуасэ зэрыщытам хуэдэу, зызэримыхъуэкӀауэ ноби щытщ, игъащӀэкӀи щытынущ.
Мы пэжыр фэркӀэ мынахуэу щремыт, фӀыуэ слъагъухэ: Зиусхьэным дежкӀэ зы махуэр илъэс миным хуэдэщ, илъэс минри зы махуэм хуэдэщ.
Тахътэ хужь инымрэ абы тесымрэ слъэгъуащ итӀанэ. Тахътэм тесым и пащхьэм щӀылъэри уафэри щызэдэкӀуэдащ, щӀыпӀи къахуэнэжакъым.