5 Сыту жыпӀэмэ си Ӏуэхум хьэкум тепщӀыхьри, сызэрыхейр ӀупщӀ пщӀащ. Уэ тахътэм укъытетӀысхьащ – хьэкумыщӀ захуэр.
Тхьэм цӀыху лъэпкъым ятрищӀыхьа хьэкумыр ягъэзэщӀэну, ягъэпшынэну лъэпкъ цӀыкӀухэр,
Сыт щхьэкӀэ зэрыхьзэрийрэ цӀыху лъэпкъхэр, Ӏуэху пщӀэншэхэр щӀызэрахъэр сыт цӀыху лъэпкъхэм?
Щхьэщытхъухэм ялъэкӀынкъым уи пащхьэ иувэн. БзаджащӀэ псори Уэ уи жагъуэщ.
Тхьэр хьэкумыщӀ захуэщ, махуэ къэси ткӀийуэ ер егъэкъуаншэ Тхьэм.
Абы папщӀэ щӀапӀэ бгъэкъабзэри, и къуэпсхэм куууэ зыщадзым, щӀыгум тезыбзэ хъуащ.
И жьэм лъэпкъхэм зэреуэну джатэ жан къыжьэдокӀ. ГъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ лъэпкъхэр. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и губжьышхуэм и жызум зэрапӀытӀ чеишхуэм жызумхэр щапӀытӀэнущ.