Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 9:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Цион Ӏуащхьэм тес Зиусхьэным и щӀыхь фӀуатэ, Абы и ӀуэхущӀафэхэм я хъыбар цӀыху лъэпкъхэм ялъэвгъэӀэс!

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 9:12
21 Iomraidhean Croise  

Зыгуэрым цӀыху иукӀмэ, згъэпшынэнущ, хьэкӀэкхъуэкӀэми цӀыхур иукӀмэ, згъэпшынэнущ.


ФӀэлӀыкӀ хузиӀэхэм лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр Зиусхьэным яхуиӀэнущ игъащӀэкӀэ. Абы и щыпкъагъи къахуигъэнэнущ цӀыхум и къуэхэм я къуэжхэу,


КӀыфӀ, цӀэнтхъуэрыгъуэ ирехъу абыхэм я гъуэгур, Зиусхьэным и мелыӀычым кърырехуэкӀ.


Жэуап къызэт, Зиусхьэн, сыту жыпӀэмэ уи лъагъуныгъэр мыкӀуэдыжыр фӀыщ. Зыкъысхуэгъазэ, уи фӀыщӀагъэ бэ дыдэщ.


ЩӀыхь пхудощӀ Уэ, ди Тхьэ, щыпкъагъэкӀэ дыпщотхъу. Уи инагъри уи Ӏуэху щӀагъуэхэри доӀуатэ.


Гугъуехьым сыщыхэт махуэм Зиусхьэным сылъохъу; си Ӏэр щӀэмычэу шиящ жэщым; гупсэхугъуэ згъуэтын слъэкӀыркъым.


Аращи, дунейм щагъэжа лъы хей псори фэ къыфтехуэнущ, щыпкъагъэ зигу илъ Хэбэл бегъымбарым и лъым къыщыщӀэдзауэ Варахийм и къуэ Зэчрей бегъымбарым и лъыр къыхиубыдэу. Зэчрей бегъымбарыращ Тхьэм и унэшхуэмрэ къурмэнщӀыпӀэмрэ я зэхуакум дэвукӀыхьар.


сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏейхэм уэ уи цӀыху лъапӀэхэмрэ уи бегъымбархэмрэ я лъыр зэрагъэжам папщӀэ, лъы ебгъэфащ. Ар абыхэм яхуэфащэщ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan