4 Уи ӀурыщӀэм гукъыдэж къет, Зиусхьэн, сигукӀэ сыпхудоплъей.
Сыгъэунэху, Зиусхьэн, сыуплъэкӀу; си гуи си пси гъэунэху;
Сыноджэ, Зиусхьэн: си абрэмывэм макъыншэ зумыщӀ, зыбущэхуу къызжумыӀэмэ, хьэдрыхэ ехыжхэм яхуэдэ сыхъунщ.
Къевгъажьэ уэрэдыр, вгъэӀу щэнтӀрыпӀым и макъыр, пшынэдыкъуакъуэу зи макъ гуакӀуэм, шыкӀэпшынэм.
«Уи плӀэм хьэлъэхэр дэсхыжащ, матэхэр уи Ӏэм ӀэщӀэсхыжри, хуит сщӀыжащ.
Фэ, самарие цӀыхухэм, фызэлъэӀу Тхьэр фщӀэркъым, ауэ дэ дызэлъэӀу Тхьэр дощӀэ, мы дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр журтхэм ящыщщи.