2 Си псэр къегъэл, сыту жыпӀэмэ фӀэлӀыкӀ ныпхузиӀэщ; къегъэл мыкӀуэду уи ӀурыщӀэуэ къыпщыгугъыр, си Тхьэ.
Зиусхьэным унэр имыщӀмэ, ар зыщӀхэм пщӀэншэу Ӏуэху ящӀэ; Зиусхьэным къимыхъумэмэ къалэр, къэрэгъулыр сакъыу зэрымыжейр пщӀэншэщ.
Зиусхьэным гуфӀэгъуэ хэвгъуатэ Тхьэм хуэщыпкъэхэм; зигукӀэ захуэхэм щӀыхь ящӀыныр къокӀу.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми гуэныхьу телъ псори щхьэщихынущ, ауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм гуэныхьхэр фщхьэщихын лъэкӀынукъым.
Гуэныхь зэрыфщӀам икӀи фигукӀэ сунэт фызэрамыщӀам щхьэкӀэ лӀахэм фахуэдэу фыщытащ, ауэ Тхьэм Мэссихь фригъусэу фыкъигъэпсэужащ. Ди гуэныхь псори къытхуигъэгъуащ абы.