1 Зиусхьэн, уи тхьэкӀумэ къысхуэгъази, сызэхэх, сыту жыпӀэмэ сытхьэмыщкӀэщ сэ.
Уэ, си Тхьэ, си Ӏуэху къызэхэху, фӀэлӀыкӀ къыпхузимыӀэ цӀыху лъэпкъым сыщыпхъумэурэ, сызэрыхейр ӀупщӀ щӀы. Хьилагъэ зезыхьэ цӀыхухэм, мызахуэхэм саӀэщӀэхыж.
Я гугъэ хуагъэзэнщ Тхьэм итӀанэ, Тхьэм и Ӏуэхухэр ящымыгъупщэу, и унафэхэр ягъэзэщӀэнщ.