8 гэбал, аммон, амалек, филишт цӀыхухэр, Тирэ къалэм щыпсэухэри ящӀыгъуу.
адэм и сабийхэм гущӀэгъу зэрыхуищӀым хуэдэу, Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ къыхузиӀэхэм гущӀэгъу яхуещӀ.
Си бийм къызжиӀэн лъремыкӀ: «Сэ абы сытекӀуащ». Сылъэпэрапэмэ, къыспэувхэр иремыгуфӀэ.
Сэ къызэлъэӀуи, цӀыху лъэпкъхэри тыгъэ лъапӀэу, щӀылъэри зэрыщыту уи Ӏэ илъыну уэстынщ;
абы щыгъуэм си псэм къещэу бийр къыслърежьэ, къысщӀрехьэ, си гъащӀэри ятӀэм хрырекухь, пщӀэуэ сиӀэри сабэ ирырещӀ.
Щыгъупща Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀыну? Къытхуэгубжьауэ, и гущӀэгъу къытлъимыгъэӀэсыжыну ара?»
ЩӀыхь хуэтщӀурэ, дивгъэхьэ Абы и пащхьэм, щӀыхь уэрэд жытӀэурэ, гуфӀэгъуэ макъ хуэдвгъэӀэт.
Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».