5 абыхэм жаӀэ: «ДыкӀуэнщи, цӀыху лъэпкъым хэдгъэкӀуэдыкӀынщ, Израил и цӀэр игъащӀэкӀэ ягу къэмыкӀыжыну».
Нэрыбгэ къэс пцӀы зэхуаупсыж; щытхъу нэпцӀ къаӀуатэ я бзэмкӀэ, фэрыщӀыгъэкӀэ мэпсалъэ.
Тхьэм ӀэщӀыб ищӀ цӀыхур къизымыдзэу, ауэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хуизыӀэхэм лъытэныгъэ яхуэзыщӀыр арщ; и ягъэ езым къекӀ пэтми, и тхьэрыӀуэ емыпцӀыжыр арщ.
Ди Тхьэ! Си тхьэлъэӀур къызэхэх! Си псалъэм уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ.
Абы и псэупӀэр Щалем щигъэуващ, и унэр – Цион Ӏуащхьэм.
Зиусхьэным гуфӀэгъуэ макъыр хуэфӀэт, зэрыщӀыгуу!
– Нэхур зы тэлайкӀэ къыфхэтынущ иджыри, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – КӀыфӀыгъэм фыхимыубыдэу нэхур фыхэтыху, фызекӀуэ. КӀыфӀыгъэм хэту зекӀуэм здэкӀуэр ищӀэркъым.
Тхьэм цӀыхухэр щӀигъэкъуаншэр мыращ: Нэхур дунейм къытехьащ, ауэ цӀыхухэм нэхум нэхърэ кӀыфӀыгъэр нэхъыфӀу ялъэгъуащ, абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр бзаджагъэти.
Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.
Ауэ Тхьэм игъэува лъабжьэ быдэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Мыхъурым хуэдэу абы тедзащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэр ещӀэ», икӀи «Зиусхьэным и цӀэр зыщтэ дэтхэнэми и щӀыбыр бзаджагъэм и гъуэгум хурегъазэ».
Ауэ зи къуэшыр жагъуэу зылъагъур кӀыфӀыгъэм хэтщ икӀи кӀыфӀыгъэм хэту зокӀуэ, здэкӀуэри ищӀэркъым, и нэхэр кӀыфӀыгъэм къыщипхъуащи.