8 Егъажьэ, ди Тхьэ, щӀыгум хьэкум тещӀыхь, сыту жыпӀэмэ цӀыху лъэпкъ псори Уэращ зейр.
Аращ, сигу илъащ бзаджагъэ – си анэ и ныбэ сызэрилъ лъандэрэ, си анэ сыкъызэрилъху лъандэрэ, гуэныхьыр сигу илъащ.
– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, дэ тщӀэращ дызытепсэлъыхьыр, тлъэгъуаращ щыхьэт дызытехъуэри, ауэ щыхъукӀи ди щыхьэтыгъэр фэ вдэркъым.
Гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу Тхьэм зыхуагъэзэжынуи Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зрагъэӀэнуи журтхэмрэ алыджхэмрэ быдэу яхуэзгъэуващ.
ЦӀыхухэм я щыхьэтыгъэр додэ, ауэ Тхьэм и щыхьэтыгъэр нэхъ лъапӀэщ, а щыхьэтыгъэр езы Тхьэм и Къуэм хуищӀа щыхьэтыгъэщи.