7 Уи ӀэщӀагъэхэр зэригъэкӀуэну тепщэныгъэр ептащ; щыӀэ псори и лъэгу щӀагъ щӀэбгъэуващ:
ЖиӀащ Тхьэм: – КъэдгъэщӀынщ цӀыхур Ди теплъэу, Дэ тхуэдэу; яхурехъу ахэр тепщэ хым хэс бдзэжьейхэми, уэгум щызелъатэ псоми, Ӏэщми, щӀылъэ псоми, щӀылъэм къыщызыпщыхь хьэпщхупщ лъэпкъыгъуэ псоми.
И нэфӀ ящыхуэщ абыхэми Тхьэм, яжриӀащ: – Фылъхуэ-фыпӀэ, фыбагъуэ, щӀылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэӀурыщӀэ, тепщэ фахуэхъу хым хэс бдзэжьейхэми, уэгум щызелъатэ псоми, щӀылъэм тет псэущхьэ псоми.
ФӀищащ цӀыхум цӀэ Ӏэщ псоми, уэгум ит къуалэбзухэми, губгъуэ хьэкӀэкхъуэкӀэ псоми; ауэ цӀыхум и дэӀэпыкъуэгъу къахэкӀакъым абыхэм езым ещхьу.