Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 8:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 сыт цӀыхур зи лӀэужьыгъуэр, уегупсысыну Уэ абы, цӀыху лъэпкъым и къуи, Уэ абы укӀэлъыплъэну?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 8:5
18 Iomraidhean Croise  

ИтӀанэ къигъэщӀащ Зиусхьэну Тхьэм цӀыхур, щӀылъэ сабэм къыхищӀыкӀри, икӀи абы епщэри гъащӀэ иритащ, цӀыхум псэ къыӀуигъэкӀащ.


Уэ кӀыфӀыр уодзри, жэщ мэхъу. А зэмыным къожьэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэр.


Жьыбгъэхэр къэбгъэщӀащ макъгъэӀуу, Уи Ӏуэхузехьэу – мафӀэ зэщӀэблэхэр.


Ин дыдэщ Зиусхьэныр, щӀыхьышхуэри хуэфащэщ; Абы и инагъыр зыхуэдизыр къызыфӀэбгъэщӀын плъэкӀынукъым.


Тхьэр абы и гупсэщ; щэнэуэнкъым а къалэр Нэхущыгъуэм Тхьэр абы дэӀэпыкъуэгъу хуэхъунущ.


Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэ псоми, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ псоми, пашэ псоми, мы дунейм и мызакъуэу, къэкӀуэну дунейми зи цӀэ къыщыраӀуэ псоми Тхьэм Мэссихь япщ ищӀащ.


Хьисэ зыдэӀэпыкъур мелыӀычхэракъым, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэр арщ.


Ар мелыӀычхэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀу зытэлайкӀэ пщӀащ. ЩӀыхьышхуэмрэ лъытэныгъэшхуэмрэ хуэбгъэфэщащ итӀанэ.


Хьисэ гугъуехь ишэчурэ зэрылӀам щхьэкӀэ, Тхьэм абы щӀыхьышхуэрэ лъытэныгъэшхуэрэ зэрыхуигъэфэщар долъагъу. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ Хьисэ цӀыху псоми я пӀэкӀэ лӀэныгъэр илъагъун папщӀэ, Тхьэм ар зытэлайкӀэ мелыӀычхэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀу ищӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan